МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэри икIи медалиплI ди къэралым къыхуахьащ, щыр – дыщэу, зыр – домбеякъыу.
Килограмм 80 зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ Сомгъур Азэмэт зэIущIищ иригъэкIуэкIати, зэпеуэм хухаха зэманхэр и кIэм нимыгъэсу псоми щытекIуащ и IэзагъкIэ хьэрхуэрэгъухэм фIыуэ зэрефIэкIыр къигъэлъагъуэу. Килограмми 120-рэ зи хьэлъагъхэм я деж апхуэдэ ехъулIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Iэрэмысэ Алани. 
Ди щIалэхэм закъыкIэригъэхуакъым ди командэм хэта бзылъхугъэ Кныш Рози. Дыщэ медалыр пщащэм щызыIэригъэхьащ килограмм 58-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. 
ЛIуп Резуан мызыгъуэгукIэ ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ.
Гупхэм я зэпеуэм псом нэхърэ щынэхъ лъэщащ Узбекистаным и командэр, етIуанэр УФ-м и спортсменхэрщ, ещанэр Къэзахъстаным икIахэрщ.
Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ КIэрашэ Жамболэт, Тагузлоев Iэдэм, Бэрэгъун Зубер сымэ.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ