Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр. Къуршым щытыкIэ гугъу щихуахэр ­къе­гъэлынымрэ а Iуэхум IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырынымкIэ, ­гъунапкъэр хъумэнымкIэ «Терскол» центрыр илъэс 90 зэрырикъуар абдежым щагъэлъэпIащ. 

Зи гугъу тщIы центрыр 1935 гъэм къызэIуахауэ щытащ, Дзэ альпиниз­мэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэр къы­щызэрагъэпэщам щыгъуэ. Ар къэ­зы­уха­хэм къалэнышхуэ ягъэ­зэ­щIащ совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ бгы­щхьэм щызэуэфу ягъэсэн папщIэ, ­Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм абыхэм хахуэу Кавказым и къурш щхьэдэхы­пIэхэмрэ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ нэ­мыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щахъу-мащ. 
Зауэ нэужьым еджапIэр Совет Армэм и зауэлI­хэм папщIэ турист хэщIапIэ ящIауэ щытащ, 2013 гъэм щегъэжьауэ IуэхущIапIэр Бгым зыщыхъу­мэжынымрэ зыкъыщегъэлынымкIэ центр ящIащ, дзэм хэтхэр бгылъэ щIыпIэхэм щызэуэфу ща­гъасэу. Илъэс блэкIахэм къриубыдэу, абы щра­гъэ­джащ дзэм и лэжьакIуэ мин 27-рэ, УФ-м и Дзэм и чемпионат зэпеуэ 50-м нэс щрагъэкIуэкIащ, абыхэм ящыщу 12-м хамэ къэралхэр къы­хыхьэу. 
Иджыблагъэ екIуэкIа къудейщ «Эльбрусиада-2025» зыфIаща, УФ-м и Дзэм и кубокым и щIыхькIэ зэхаша зэхьэзэхуэр икIи гуп нэхъ лъэщхэм тыгъэхэр иратащ. 
КъинэмыщIауэ, «Терскол» центрым къыщызэ­Iуахащ альпинист цIэрыIуэ, спортым и дунейпсо мастер, щэнейрэ Эверестым дэкIуея, бгым щы­лэжьэну инструктор куэд зыгъэса Душарин Иван Трофим и къуэм хуагъэува фэ­еплъыр.
«Терскол» центрым илъэс 90-кIэ къи­кIуа гъуэ­гуанэр Хэкур фIыуэ лъа­гъуным, абы папщIэ лIыгъэ зехьэным хуэунэтIауэ зызыужьа дзэ альпинизмэм и дамыгъэщ, - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и напэ­кIуэцIым. - Ноби, илъэсипщI зыбжанэ ипэкIэ зэ­ры­щытам хуэдэу, абы егъэхьэзыр къэралым и бгылъэ гъунапкъэхэр зыхъумэфыну IэщIагъэлIхэр. Мы махуэшхуэр илъэс бжыгъэ къудейкъым, атIэ бгылъэ щIыпIэхэр хъумэным хуэIэзэ хъуа дзэ IэщIагъэлIхэм я блэкIа лъагэр гум къи­зынэ Iуэхугъуэщ. Иджыри зэ «Терскол» центрым и ветеранхэмрэ и лэ­жьакIуэхэмрэ сынывохъуэхъу, дяпэкIи Хэкур ­хъумэнымкIэ ехъулIэныгъэ фи­Iэу фыбгъэдэтыну си гуапэщ!» 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.