Сосрыкъуэрэ Хумайрэ зэдожьу

БлэкIа махуэ зыбжанэм Интернетыр къигъэпсэлъащ уэрэджыIакIуэ цIэ­рыIуэ Билан Димэ яхэту, «Ай йола» ­башкир уэрэджыIакIуэ гупым ягъэ­зэщIа «Хумай» уэрэдым. Гъатхэпэм ­утыку кърахьэу, дуней псом цIэрыIуэ щы­хъуа пшыналъэщIэм иджы урысы­бзэрэ адыгэбзэкIэ едзыгъуэ зыбжанэ хагъэхьащ. 

Уэрэдым хагъэува адыгэбзэ сатырхэр зэхэзылъхьар ГъуазджэхэмкIэ Кавказ ­Ищхъэрэм и къэрал институтыр къэзыуха макъамэтх, усакIуэ Iэпщэ Анзорщ, абы ­теухуа тхыгъэ «Адыгэ псалъэм» нэхъ пасэу тетащ. 
Сосрыкъуэу нарт лIыхъужь,
Хахуэ лIыфIхэр зи Iэужь,
Дэп жьэражьэм къыхэкIа,
Мывэ джейм къыкIуэцIыкIа. 
Сосрыкъуэу нарт лIыхъужь,
Сабиигъуэм сызыхьыж,
Уи щIыналъэм сыщапIащ,
АдыгэщI сыкъыщыхъуащ.
«Гумэ Маринэ пIалъэ кIэщIым уэрэдым и едзыгъуэхэр стхыну къыщызжиIам, сы­пIейтеят, схузэфIэмыкIынкIэ сыгузавэу, ауэ псалъэхэр, сызэримыгугъауэ, сыхьэт бжыгъэм хьэзыр хъуащ. Си гуапэщ ди адыгэ щэнхабзэ щэджащэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ сыт хуэдэ IуэхуфIми сыхэтыну», - иритхащ и напэкIуэцIым Iэпщэ Анзор, уэрэдыр хэIущIыIу хъуа нэужь. 
Сыт апхуэдизу мы Iуэху къызэрыгуэ­-кIым хэлъыр, Iэуэлъауэшхуэ епщIэкIын хуэдэу, жызыIэни щыIэщ. Ауэ мыхьэнэ зиIэр урыс уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм адыгэбзэкIэ уэрэд зэригъэзэщIам и за­къуэкъым. Зи гъащIэм и IыхьэфI Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щызыгъэкIуа Билан и фIыгъэкIэ башкирхэм я IуэрыIуатэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Хумай хъыджэбзымрэ лIыхъужьыгъэм и дамыгъэу нарт эпосым хэт Сосрыкъуэрэ я цIэхэр зы уэрэдым щызэуIуащ. АпщIондэху лъэп­къитIыр ди щэнхабзэхэм я хъугъуэфIы­гъуэхэмкIэ дызэдэгуэшэну, абыхэм зэ­щхьу е зэмыщхьу яхэтыр, щхьэж и ­къе­жьа­пIэр адрейм ейм къызэры­щ-хьэщыкIыр зэдгъэщIэну щхьэусыгъуэ къы­датащ. 
«Ай йола» гупыр къызэрыунэхурэ илъэс етIуанэр екIуэкI къудейщ. Рамазанов Ринат уэрэджыIакIуэмрэ макъамэр къизыгъэкI Шайхитдинов Русланрэ зэгъусэу Iуэхур ирашажьэри, иужькIэ Руслан ипхъу Шайхитдиновэ Адель гъусэ зыхуащIащ. Дызэрыт зэманым икъукIэ зиубгъуащ ахэр зытет «этно-фолк» уэрэд гъэзэ­щIэ­кIэм. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар адрейхэм къазэрыщхьэщыкIыр лъэпкъ щхьэхуэм и IуэрыIуатэмрэ иджырей гъэ­зэщIэкIэмрэ зэрызэщIалъхьэрщ. Адыгэ­хэр къапщтэмэ, а унэтIыныгъэм Адыгэ республикэм нэхъ зыщиужьащ. «Ашэ­мэз», «Мыст» гупхэм я гъэзэщIэкIэри ­утыку къихьэкIэри зыгуэркIэ ещхьщ зи ­гугъу тщIы «Ай йола»-м ейм. Псалъэм ­папщIэ, иужьрейуэ екIуэкIа «Черкес-ФМ» концертым «Ашэмэзым» щигъэзэщIащ Сосрыкъуэ зыхэт нэгъуэщI уэрэд. Ардыдэм хэта «Мыстым» и гугъу пщIымэ, ахэр гъунэгъу республикэхэми ирагъэ­благъэ, езым я утыку ихьэкIэр щIалэ­гъуалэ гукъыдэжымрэ лъэпкъ хабзэмрэ щызэхэухуэна къыхэхыкIэкIэ гъэпсащ. 
«Ай йола»-мкIэ къэдгъэзэжмэ, мы ­башкир уэрэджыIакIуэ гупым щапхъэ щIатепхын ябгъэдэлъщ. КъызэрыщIэ­кIымкIэ, зи гугъу тщIы уэрэдыр зыхиубы-да альбомыр тюрк-монгол лъэпкъ псоми я зэхуэдэ «Урал-Батыр» эпосым йокIуэлIэж. Уэрэдыр зытеухуа Хумайр лъэп­къым игъэдахэ хъыджэбз зэкIэлъыкIуэм   и щапхъэщ, берычэт къызыдэкIуэ, къы­зы­хэкIам хуэпэж, анэ фIэрафIэ къыхэкIынкIэ зыщыгугъ, зыузэщIыныгъэмрэ нэхумрэ я дамыгъэщ. Уэрэдым и псалъэхэр зейр Нажметдиновэ Даринэщ. «Хэт Хумайр?» - жаIэри, къызоупщI, - жеIэ уэрэ­дым. - Абы и закъуэщ псынэ псэ­хэлъ­хьэ­жыр зыцIыхур. Ар хамэ щIалэм егуэкIуа­къым, лъэпкъым и хабзэм ебэкъуакъым. Ди башкир пщащэхэр вагъуэм ещхьщ, насып бзууэ къалъытэ Хумай хуэдэщ». 
ГъащIэм фIы куэд щызоуIу. Башкор­тостаным мэкъуауэгъуэм и 8-м «Урал-Батыр» эпосым и махуэу щагъэуващ, мы гъэм ар япэ дыдэ ягъэлъэпIащ. Башкир IуэрыIуатэм и хъугъуэфIыгъуэр усэу сатыр 4576-рэ, прозэу сатыр 19-рэ мэхъу. Илъэс мин бжыгъэкIэ зэфIэува эпосыр ныбжь­кIэрэ зэIэпахащ, тхылъымпIэм япэу щытратхар 1910 гъэрщ, ари яхуэхъумакъым. Уфа дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ ­центрым щIэлъщ латин хьэрфкIэ къэщыпа, напэкIуэцIи 180-рэ хъу абы и копиер. Накъыгъэм и 30-м а тхылъыр Башкор­тостаным и унафэщI Хабиров Радий лъэпкъ музейм ихъумэну иритащ. 
«Нобэ Башкортостаным япэ дыдэ щыдогъэлъапIэ «Урал-Батыр» эпосым и махуэр, - щыжиIащ махуэшхуэм епха дауэ­дапщэм республикэм и унафэщIым. - Ар щIэдгъэувар башкир тхыбзэм и пасэрей фэеплъыр нэхъри нэхъыфIу тлъагъун, абы и пщIэр республикэм и гъунапкъэм икIыу, цIыху нэхъыбэ дедгъэхьэхын папщIэщ». 
КъызэгъэпэщакIуэхэм я мурадыр адыгэхэм я деж къащехъулIауэ жыпIэ ­хъунущ. Абы и закъуэ? Ар дэ ди эпосыр дджыжынымкIэ, абы пщIэ нэхъыбэ хуэт­щIынымкIэ щхьэусыгъуэфI хъуащ. Ауэ «Нарт эпосым и махуэ» диIэу зэкIэ ди ­нэгум къытхущIэгъэхьэркъым. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ