Укъыщалъагъум зыфI, укъыщалъытэм фIитI

Лъэпкъ литературэм и тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн куэдым зэхахащ икIи ялъэгъуащ Зеи­къуэ къуажэкум хуэзэу ит еджапIэм и щIыбагъымкIэ екIуэкI нэпкъым и щыгум гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу телъ мы­вэ­шхуэр. «Алий и мывэ» - аращ абы зэреджэр. ЦIэ яIэу апхуэдэ мывэ Iэджи дэлъщ жылэм, ауэ мыр къуажэдэсхэм фIыуэ яцIыху.

ГъэщIэгъуэнращи, мывэм ап­хуэдэ фIэщыгъэ щIигъуэтам щыгъуазэр нэхъыжьхэм я закъуэкъым, атIэ топ кърихуэкIыу дэт къуажэ сабийм уеупщIмэ, ар здэщыIэр уигъэлъагъуфынущ - псоми ялъагъу, хэти топсэлъыхь, цIыхухэм я кIуапIэу щытщ. Дауэ умыщIэнрэ абы иужькIэ а мывэм цIыхухэм ирата цIэр!? АтIэ абдежщ усакIуэшхуэм «Си махуитI гъащIэ» зыфIища усэм Алий япэ дыдэу къыщеджар. Абы и къе­джэкIэр зэхэзыхахэм нобэми яIуэтэж: жьы къепщэм и даущыр нэхъ мащIэ хъуат, псыежэхым и Iущащэ жьгъыруми зигъэIэсат, жаIэри. Усэм къеджа нэужь, Алий ныбжьыщIэхэм захуигъэзат: «Дэ ди Iэщэ нэхъыщхьэр щIэ­ныгъэращ. Тхылъ уемыджэу, абы итыр зумыгъащIэу щIэны­-гъэ уиIэнукъым. Ауэ щIэныгъэм и закъуэкъым тхылъым къуитыр. Абы узытет дунейм и дахагъыр зыхыуегъащIэ, цIыхугъэ къып­хелъ­хьэ, гулъытэр егъэжан, пщэдейм ухуегъэпабгъэ. Тхылъым и дунейр телъыджэ лажьэщи, маржэ хъун, зыхэвмыгъэкIыж!» - жиIэри. Алий и псалъэм къару зэриIар кърипщIэну ирикъунщ абы жиIар зэхэзыхахэм ди щIыналъэм щызэлъащIыса тхылъэщ бэлыхьхэр зэрызэхуахьэсар. Ап­хуэдэт Жылау Нурбий, АбытIэ Хьэжмурат, Дыкъынэ Хьэсэнбий, Шэфий Хьэчим, нэгъуэщIхэми я тхылъ гъэтIылъыгъэхэр.
Жыжьэ дыкъыщежьами, мы гукъэкIыжым дыхэзылъэсар Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къы­хуащIа гулъытэмрэ а пщIэр къызыхэкIым и щхьэусыгъуэу къыжаIа псалъэхэмрэщ. Ауэ псори зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэ­тIуэтэжынщ.
Иджыблагъэ Мэзкуу ще­кIуэ­кIащ тхылъыр зи Iэпэгъухэм, ар фIыуэ зылъагъухэм я зэIущIэ­шхуэ, «Утыку плъыжь» зи фIэ­щыгъэ XI тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтащ тхылъ тедзапIэ 400-м щIигъу. УзыIэпамышэнкIэ Iэмал зимыIэ тхылъ щхъуэ­кIэ­плъыкIэхэм къыщыгъэлъэгъуат Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр, литературэр, щэнхабзэр, гъуазджэр, щIэныгъэр. Сыт хуэдизу телъыджэу гъэ­щIэрэ­щIами, тхылъыр фIыуэ зылъагъу­хэм нэхъыщхьэу къыхагъэщыр нэгъуэщI гуэрт - сыту хъугъуэфIыгъуэ куэд илъ мы ди хэгъэгум, сыту фIы хъунт ар зэрытхъумэн икIи зэрыдгъэбэгъуэн зэхэщIыкI ди цIыхухэм яIамэ… ИтIанэми, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр къекIуэ­лIахэм я дежкIэ зихуэдэ щымыIэ махуэщIу къахущIэкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэмыщхь за­щIэу Iуэхугъуэ 600-кIэ ягъэнщIат гъэ­лъэгъуэныгъэр: ди къэралым и театр пашэхэм я джэгу теплъэ­гъуэхэм къыщыщIэдзауэ тхылъ­хэм ятеухуа Iэнэ хъурейхэм, щIэ­н­Iуатэхэм, автограф-зэIущIэхэм щы­щIэкIыжу абы къызэщIимыу­быда жэрдэм къэнэжакъым.
Гъэлъэгъуэныгъэм хэта тедзапIэхэм псори зэхэту тхылъ мини 100-м щIигъу кърашэлIащ. Сабийхэми балигъхэми щхьэкIэ ­дунейм къытехьа къыдэкIыгъэ щхьэхуэхэм къищынэмыщIауэ, щIэныгъэ-узэщIакIуэ мыхьэнэ зиIэу утыку кърахьа зэужьхэри мащIэтэкъым. Къызэгъэпэща­кIуэхэм щхьэхуэу къыхагъэщащ тхылъыр лIэужьхэмрэ лъэхъэ­нэхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытыр. «ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъу илъэсым дэ ­дигу къэдгъэкIыжыну дыхуеящ ди нэхъыжьхэм къытхалъхьа ­дахагъэ псори, дызыхуаущия-хэр, дызыхуагъэсахэр. Абыхэм ящыщщ тхылъыр пщIэ хуэтщIын хуейуэ ди щэнхабзэм къызэры­хапщари. Дунейм зы къэрали щыIэу къыщIэкIынкъым ди цIы­хубэм хуэдэу тхылъыр фIыуэ зылъагъу. Ар ди гъащIэм куууэ хэпщIа къудейкъым, атIэ гухэ­щIыгъуэ дыщыхэт, жэуап зэуэ къызыхуэдмыгъуэт упщIэхэр къы­щытлъыхъуэм деж губампIэдэх тхуохъу, щIыбагъ лъэщ къыт­хуохъу, ди гугъапIэхэр къытхузэщIегъэрыуэж. «Утыку плъы­жьыр» къэрал псор зэзыгъэуIу гъэлъэгъуэныгъэщ, мыбдеж ­кърахьэлIэ тхылъхэм зы закъуи яхэткъым гум хэмыпщIэну, абы увыпIэ хэха щызымыгъуэтыну - хэт сыт къилъыхъуэми, къахи­гъуэтэнущ», - жаIэ къызэгъэпэщакIуэхэм.
А тхылъ дуней хьэлэмэтыр нэхъ лъэщыж хъуным зи гуащIэрэ зи Iыхьэрэ хэзылъхьахэм ящыщщ ди щIыналъэм фIыуэ къыща­-щIэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм зиужьыным хэлъхьэныгъэ дахэ хуэзыщIа Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэр. Зи цIэ къитIуаитIри жылагъуэ лэ­жьакIуэщ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щIэныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ Iуэху къыщыхалъхьэу ахэр зы­хэмыт щIагъуэ къанэркъым. Мы гъэлъэгъуэныгъэри аращ - ар япэ дыдэу зэрызэхашэрэ Котляровхэ зэщхьэгъусэхэр Iуэхугъуэм хэтщ, илъэс къэс къызэгъэпэща­кIуэхэм ящымыгъупщэу тхылъ дахэщысэхэр утыку кърахьэ.
Урысейм тхылъ тедзэн Iуэхум хэтхэм я зэгухьэныгъэм гъэ­лъэгъуэныгъэм къриубыдэу «Илъэ­сым и тхылъ нэхъыфI дыдэ» зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкI. Илъэс къэс зэпеуэм и кIуэцIкIэ унэтIыныгъэ 12 къыщыхалъхьэ. Илъэс 15 лъандэрэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм унэтIыныгъэ щхьэхуэхэмкIэ фIыщIэ тхылъ зэ­мылIэужьыгъуэхэр кърату, а щIы­кIэм тету Урысейм зи лэжьыгъэр щынэхъыфI дыдэхэм ящыщу ­къалъытэу екIуэкIащ. Мы илъэс­ри махуэу къахущIэкIащ Котля­ровхэ. Апхуэдэу зэпеуэм къы­щы­хэжаныкIащ тхылъ тедзапIэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщы­дэкI «КъыхэщыпыкIа тхыгъэхэм  я зэужь» («Библиотекэ избран­ного») къыдэкIыгъуэ зэхэтыр. Тхылъ 50-м нэблагъэ хъу зэу­жьым адыгэм и тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм ехьэлIа, но­бэкIэ гъуэтыгъуей хъуа тхылъ куэд къызэщIеубыдэ. Апхуэдэу нэ­хъыфIхэм халъытащ балъкъэр усакIуэ Кулиев Къайсын и усэхэр щызэхуэхьэса, тхылъ 12-у зэхэт зэужьыр. А лэжьыгъэ абрагъуэ­хэм щхьэкIэ Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыхуагъэфэщащ япэ дыдэу тхылъ тезыдзауэ щыта ­Фёдоров Иван и гъуаплъэ скъа­рымрэ Урысейм тхылъ тедзэн Iуэхум хэтхэм я зэгухьэныгъэм и ФIыщIэгуапэ тхылъымрэ.
Ауэ абдеж къыщыувыIакъым а махуэм Котляровхэ къыхуащI гулъытэр. «Тхьэм и нэфIыр зы­щыхуа Хэку. Къэбэрдей-Балъкъэр. Дзэлыкъуэ щIыналъэ» су­рэт зэужьыр «Урысейм и щIыналъэхэм ятеухуа тхылъ нэхъыфI дыдэ» унэтIыныгъэм къыщыхэжаныкIащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм уасэ­шхуэ хуащIащ Котляровхэ Ма­риерэ Викторрэ я лэжьыгъэм. «Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIахэр зытепсэлъыхь лъахэм и уэрэд кърашым ещхьщ, абы къыхэIукI фIылъагъуныгъэмрэ гурыщIэ къабзэмрэ я пшыналъэм гур апхуэдизкIэ щыз ещIри. Тхылъым цIыхум къы­хузэIуих дунейм фIэщхъуныгъэ хэмылъмэ, уигури уи псэри щыбгъэтIылъу къыпхуиIуатэм зыдебгъэхьэхыну укъыхуримыджэмэ, абы телъ хьэкъыр игъэзэщIауэ къэплъытэ хъунукъым. Котля­ровхэ я тхылъхэм Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ щыпсэу лъэпкъ­хэм хуащI пщIэр блэIэбыкIыпIэ имыIэу зыхыуагъащIэ, абыхэм я тхыдэм, щэнхабзэм, дуней лъагъукIэм хэлъ гуащIэшхуэм удрагъэхьэх, Кавказым и дуней дахэм и зы къуапэу щыт Къэбэрдей-­Балъкъэрым урагъэхъуапсэ. Хьэлэмэтращи, тхылъым и гъэщIэрэщIэкIэр а дахагъэм къы­дэфэ хуэдэу къыпфIощI, узэджэр апхуэдизкIэ гум нахьэсу, псэм дыхьэу щытщи. Котляровхэ я тхылъхэр ди зэхьэзэхуэм зэ­рыхэтар дэркIэ пщIэшхуэщ», - жиIащ.
Къыщедгъэжьам деж дгъэ­зэжынщи, Котляров зэщхьэгъу­сэхэм къыхуащIа гулъытэм пэ­джэжу дамэ къыптезыгъакIэ зы псалъэ жаIащи, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр ­щыгъуазэ хуэтщIынут. «Ди насып кърихьэкIри, Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъыщыхъуащ, абы ди гъащIэр щыкIуащ. Зы пщэдджыжь нэху дыкъекIакъым, къыкъуэкI дыгъэм и хуабэр щызыхэдмыщIа, ар къулъшыкъум щихьэм, и уэрэд щызэхэдмыха. Абы къытхилъхьа гузыхэщIэрагъэнущ зи ужь дит Iуэхум ди лъэр ­хущIэкIыу дызыгъэлажьэр. Ар зыуэ. ЕтIуанэрауэ, мыбдеж щып­сэу лъэпкъхэм къагъэщIа щэн­хабзэм щыгъуазэ уахуэхъуа нэужь, ар хэIущIыIу пщIыну ухуей­уэ зы щытыкIэ уоувэ, апхуэдизкIэ ахэр хьэлэмэтщ икIи телъыджэщи. Ауэ сытми Кавказым къихьэхэм я гукъэкIыжхэр ятхыу щытакъым - гукъинэж къащы­хъуар гум щызти, яIуэтэжын хуей хъурт. Дэри аращ. Ди гъащIэр тхылъым епха хъуащи, дыщып-сэу щIыналъэм, дызыхэс лъэпкъ­хэм я пшыналъэр абыкIэ догъэIу. Дызэхахмэ, ди насыпщ», - жиIащ Котляров Виктор.
Укъыщалъагъум зыфI, укъыщалъытэм фIитI, жиIащ адыгэм. Гуапэщ икIи гухэхъуэщ ущалъхуа щIыналъэм апхуэдиз дахэр хуа­гъэшу зэхэпхыныр. Ди хэкум и цIэр фIыкIэ зыгъэIу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ ехъулIэну ди гуапэщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2026 - 16:45

Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ

Дау Марианнэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ

17.04.2026 - 09:03

Зэныбжьэгъугъэр къафэкIэ ягъэбыдэ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 11-м щызэхуащIыжащ «Iуа­щ­хьэмахуэ и щыгу щагъэзащIэ къафэхэр» лъэпкъхэм зэдай IуэрыIуатэ фес­ти­ва­лыр­.

17.04.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэщIагъэхэр

«Гъуазджэ хъуа IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэ гъэ­лъэгъуэныгъэр иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къэ­рэшей-Шэрджэс Республикэм.

16.04.2026 - 09:55

Ди цIыхухэм сыт щыгъуи узэхахынущ икIи уакъыгурыIуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я совет» ассоциацэм илъэсым иригъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэхэр къы­щы­зэщIа­къуэжа зэхуэ­сым.

16.04.2026 - 09:54

Дагъыстэным хурагъашэ

Гъунэгъу ресублэкэм псыдзэм щызэхикъута и щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъу­хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.