Мырзэкъан Азэмэт Америкэми щытокIуэ

«UFC 316» зэхьэзэхуэм хыхьэ зэIущIэу США-м и Нью-Джерси штатым щыIэ Ньюарк къалэм щекIуэкIам щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зэуакIуэ лъэщ Мырзэкъан Азэмэт. 

Адыгэ щIалэм къыпэщIэтащ Бразилием и спортсмен Рибейрэ Брендсон, ауэ зэIущIэм и япэ раундым ар нокауткIэ абы къыфIихьащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, Мырзэкъаным и текIуэныгъэхэм пищащ: иджы ММА-м 15-рэ, UFC-м - 5-рэ щытекIуащ, абыхэм ящыщу 11-м зэхьэзэхуэм хухаха ­зэманхэр и кIэм нимыгъэсу. Езыр зэи къыхагъэщIакъым. 
Абы нэмыщI, Азэмэт зэкIэлъыпыту къихьа текIуэныгъэхэм я бжыгъэм­-кIэ (5) етIуанэ увыпIэм кIуащ, куржы зэуакIуэ лъэщ Топурие Илие лъэщIы­хьэжу. Япэм щыт Олберг Карлос зэкIэлъхьэужьу 8-рэ текIуащ, 5-р нокауткIэ къихьащ. Рибейрэ и зэIущIэхэр зэкIэлъыпыту тIэу къыхуэхьауэ аращ, ещанэм ар нигъэсакъым ди къэбэрдей щIалэм.
«ЦIыху дапщэ къыспэщIамыгъэувэу щытми, псори хэзгъэщIэну гуш­хуэныгъэ схэлъщ. Нобэ си хьэрхуэрэгъуам фIыщIэ хузощI. РаундитхукIэ сызэуэну, турнирым и зэIущIэ нэхъыщхьэм сыхэтыну сыхуейщ», - яжриIащ журналистхэм Мырзэкъаным. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Азэмэт зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ дуней псом и абсолютнэ чемпионщ, а спорт лIэжьыгъуэмкIэ УФ-м щIыхь зиIэ и мастерщ, «Brave» лигэм щытекIуащ.
 

КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2025 - 09:03

Шэр сэбэп, хьэмэрэ зэран?

Шэр цIыхум ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ ерыскъыпхъэщ икIи ар къупщхьэмкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэ.

11.07.2025 - 17:49

Гъэм и сыт хуэдэ лъэхъэнэми...

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэ­жьы­гъэ IуэхукIэ Москва щы­зэхуэзащ.

11.07.2025 - 15:06

Удз гъуахэм мафIэ евмыдз

Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ.

11.07.2025 - 10:03

Дыгъэм дисыжыну хьэмэрэ уэшхым дилъэсыну?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым егъэлеяуэ зыкъызэридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва къыщыхъуа борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэтезыкъута уэр, к

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ