ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI. Бий ерур и гъуэм изыукIыхьыжу текIуэныгъэ къытхуэзыхьахэм я цIэр бэм яIэт, абыхэм я щапхъэм щIэблэр щIапIыкI.
МафIэ лыгъэм и курыкупсэм хэту, ди щхьэхуитыныгъэм къэмылэнджэжу щIэзэуахэм ящыщщ Гуэщокъуэ Борис Лэкъумэн и къуэр. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм къыщалъхуа, гъащIэм и гугъуехь псори пасэ дыдэу зыгъэунэхуа щIалэр I940 гъэм советыдзэм ираджащ. Абы ипэкIэ Налшык дэт медицинэ училищэр къиухауэ лэжьыгъэм хуэIэзэ хъуати, Ленинград областым и санитар гупхэм ящыщ зым ягъэкIуащ, и къулыкъум хэзэгъауэ и къалэныр щытхъу пылъу ирихьэкIыу Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. 
Куэдрэ иплъащ ажалым и нэгум. Зэхэуэ гуащIэхэм хэту, уIэгъэ хъуахэр зэуапIэ губгъуэм кърихырт, еIэзэрт, операцэ ищIырт…
 Дэтхэнэ сыхьэтри махуэри икъукIэ гуащIэт, псэзэпылъхьэпIэт. Я натIэ хъунур зыми ящIэртэкъым, итIани псом япэу зыхущIэкъухэр къыхуащI унафэмрэ къалэнхэмрэ фэкIыпIэншэу зэрагъэзэщIэнырт. Псори фIыуэ зэрылъагъухэрт, зэрыIыгъхэт, пщIэ зэхуащIырт, абы зауэм и хьэлъэр ящигъэпсынщIэрт, къару къахилъхьэрт, текIуэныгъэм хуигъэпабгъэрт. 
 И ныбжькIэ щIалэ дыдэу дзэм Борис хыхьащ икIи, лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу, щхьэмыгъазэу бийм пэщIэтащ, гъэунэхуныгъэ куэдым я хъым къикIащ, автоматыр и плIэм илъу дохутыр зауэлIыр Дрезден къалэм нэсащ. 
I94I гъэм и бжьыхьэм зэрыпхъуакIуэхэм Ленинград къатIысыхьауэ зэрыщытар псэухукIэ щыгъупщакъым Борис. Къалэдэс мелуанищым нэблагъэр мэжэщIалIэт, ерыскъы гъэтIылъыгъэ яIэтэкъым. Ахэр ажалым къызэрыIэщIахар ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Къэрал Комитетым и унафэкIэ Ленинград километр 55-кIэ пэжыжьэ Осиновец псы дыхьэпIэ мыиным щаухуа кхъухь тедзапIэмкIэщ. ПсэзэпылъхьэпIэ махуэхэм ящыщ зым - фокIадэм и I2-м - Ладогэ гуэлым и къуэкIыпIэ нэпкъым хуэзэу абы баржитI щекIуэлIащ, гъавэу тонни II6-рэ ярылъу. Ар «ГъащIэм и гъуэгум» и щIэдзапIэт. 
Гуэщокъуэ Борис дзэм къыщыхэкIыжар I947 гъэрщ. Зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм дохутырхэр яхурикуртэкъыми, Ленинград и уIэгъэщхэм илъэсит1кIэ щытхъу иIэу щылэжьащ, ди щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта и шынэхъыжьитIым - Мухътаррэ Мэзанрэ - ялъ ищIэжауэ, медицинэ къулыкъум и лейтенант нэхъыжь цIэр иIэу къигъэзэжри, фашистхэм зэхакъута псэукIэр зэфIэгъэувэжыным и гуащIэ хьэлэл хилъхьащ. Орденыбгъэу къэкIуэжа зауэлI дохутырыр жыжьаплъэт, IуэхуфIхэм хуэпабгъэти, фельдшер-акушер пункт Къыщпэк къыщызэIуахам, и ныбжьыр нэсу тIысыжыху, еш имыщIэу къуажэдэсхэм я узыншагъэм телэжьащ, куэдым сэбэп яхуэхъуащ. 
Къыщпэкым и япэ дохутыр, гуапагъэр къызэбэкIыу псэуа, къызыхэкIа лъэпкъым и цIэфI жезыгъэIа Гуэщокъуэ Борис и дуней тетыкIэу, и IуэхущIафэу щытар и Iыхьлыхэмрэ и къуажэгъухэмрэ ящыгъупщэркъым, ахэр яфIэлъапIэу, и фэеплъым хуэфащэ пщIэ хуащIри, абы и щапхъэр гъуазэ пэжу щIэблэм къазэрыдекIуэкIынум шэч хэлъкъым. 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг