ПсэукIэр ефIэкIуэным хуэунэтIауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Урысей зэкъуэт» партым и лIыкIуэу УФ-м и Къэрал Думэм щыIэ депутат Родинэ Викторие лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ. 

Президентым игъэува къалэнхэр зэрагъэзащIэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым ­социальнэ, щIалэгъуалэ политикэр зэрыще­кIуэкIым тепсэлъыхьащ зэIущIахэр. Къинэ­мыщIауэ, цIыхухэм я щхьэ IуэхукIэ зыкъы­зэрызэхуагъазэ лъэIухэр зэгъусэу хузэфIагъэкIынымкIэ зэгурыIуахэщ. 
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, абы и ветеранхэмрэ я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъэкъуапхъэм. Викторие Сергей и пхъум Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ а лъэны­къуэмкIэ щIэуэ къащта хабзэхэм. Ахэр епхащ медицинэ дэIэпыкъуныгъэм, дзэ Iуэху ­хэхам ­хэтхэм IэщIагъэ, щIэныгъэ, лэжьыгъэ зрагъэ­гъуэтыныр ящыгъэпсынщIэным. 
Депутатыр школ зыбжанэм щыIащ, псалъэм папщIэ, еджакIуэ 500 щIэхуэу Прималкинскэ ­къуажэм дызэрыт зэманым щаухуэм. 
 КIуэкIуэ Казбек Родинэ Викторие фIыщIэ ­хуищIащ ди республикэми къэралми щыпсэу­хэм я псэукIэр ефIэкIуэн, хабзэубзыху лэжьыгъэу зэфIигъэкIхэм папщIэ. ЕхъулIэныгъэ иIэу и IэнатIэр ирихьэкIыну ехъуэхъуащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.01.2026 - 09:43

Лъэс лъагъуэхэр ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я лъэс лъагъуэхэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ республикэм 2025 гъэм щрагъэкIуэкIащ.

13.01.2026 - 09:42

Тэрчым и спортсменхэр

Тэрч районым и спортсмен цIэрыIуэхэр, спортым япэ лъэбакъуэхэр зычауэ 2025 гъэм дунейпсо, урысейпсо утыкушхуэхэм зэфIэкIыфIхэр къыщызыгъэлъэгъуахэр щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ.

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.