Тэрч щIыналъэм щызэхуос![]() «Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм. ЗэIущIэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, Европэм плIэнейрэ чемпион щыхъуа Салказанов Таймураз, 2024 гъэм ирагъэкIуэкIа Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, мы гъэм европей чемпионатым щытекIуа Валиев Чермен сымэ, нэгъуэщIхэри. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








