АдэкIи апхуэдизрэ екIуэкIмэ

УФ-м Мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щы­теп­сэлъыхьым а IэнатIэм и уна­фэщI Лут Оксанэ жиIащ Iэ­щымкIэ, джэдкъазымкIэ, гъэшымкIэ хэхъуэ зэраIар. Псалъэм папщIэ, зы илъэ­сым къриубыдэу зы жэмым ику иту къыщIаш шэм и куэдагъыр проценти 6-кIэ нэхъыбэ хъуащ е тонни 8,5-м нэсащ. 

Iуэхур апхуэдэу екIуэкIмэ, гъэшым и куэдагъымрэ Iэщ щхьэ бжыгъэмрэ адэкIи хагъахъуэу щытмэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу шэуэ къашым и куэдагъыр тонн мелуан ­38,5-м щынагъэсынущ Урысей Федерацэм икIи а ерыскъыгъуэмкIэ къэралым и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэ­лIауэ зэ­хуагъэу­выжа къалэнхэр гъэ­зэщIа хъунущ. 
Бдзэжьейм пыщIа IуэхущIапIэхэми хэхъуэ яIэу илъэсыр ирагъэкIащ икIи ди цIыхухэр зрикъуным щIигъу продукцэ къыщIагъэкIащ. ЖыпIэнурамэ, сардинэ, иваси бдзэжьей лIэужьыгъуэу къаубыдам и куэдагъымкIэ СССР-м и зэманым щыгъуэ щыIа планхэм щхьэщыкIащ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу ерыскъымрэ ерыскъыхэкIымрэ елэжь IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIа продукцэхэм я куэдагъым проценти 3,5-кIэ хэгъэхъуащ. Псом хуэ­мыдэу лым, гъэшхэкIым, крупам, дагъэ щIахуам, Iэ­фIыкIэм, нэгъуэщI куэдкIи. 
Шагъыр лIэужьыгъуэхэр къы­щIэзыгъэкI IуэхущIапIэ­хэми я Iуэхухэр Iеякъым илъэс блэкIам: процент 16-кIэ хагъэхъуащ. Ауэ ар къы­зыхэкIар ап­хуэдэ продукцэхэр хамэ къэ­ралхэм кърашын зэрыщагъэтарщ. 
Къэралым псори зэхэту ­мэкъумэш продукцэу къы­щы­щIагъэкIам и процент ­14-р къалъос хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ пэрытхэм. Ахэр нэхъыбэу зыхэ­лIы­фIыхьыр лымкIэ, гъэ­шым­кIэ, хадэхэкIхэмкIэ, кIартIофымкIэ, пхъэ­щ­хьэ­мыщхьэмрэ мэ­ракIуэ лIэу­жьыгъуэхэмкIэ унэтIыныгъэхэрщ. 
Министр Лут Оксанэ ап­хуэдэуи къыхигъэщащ къэ­ралым и цIыхухэр зрикъун ерыскъы къыщIэгъэкIыныр я къалэн нэхъыщхьэу зэ­ры­щытыр, а лэжьыгъэр зы дакъикъи къызэрамыгъэланджэр, 2030 гъэм ирихьэлIэу зэхуагъэувыжа планхэм нэсын мурадхэр зраIэр.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.06.2025 - 12:25

Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.

17.06.2025 - 09:04

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ.

17.06.2025 - 09:01

УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэу

17.06.2025 - 09:01

МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ.

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.