Нэхъ лъэщхэр Мейкъуапэ щызэхагъэкI

Урысей Ипщэм кёкусинкан каратемкIэ и чемпионатым ­пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мей­къуапэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ Краснодар крайм, Ростов, Астрахань, Волгоград областхэм, Кърымым, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр яхэту, я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъу­сэу, 470-м щIигъу. 

Ди республикэм и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм каратист 30 щыIащ икIи абыхэм ящыщу 13-м ме­даль зэхуэмыдэхэр къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубы­дащ Лиходедов Ярославрэ Романенкэхэ Иванрэ Максимрэ. 
Дыжьын медалхэр къахьащ Адамян Оганес, Къардэн Бес­лъэн, Мирюков Вадим, ТхьэкIумашэ Андемыр, Хьэнэ Идар, Шаваев Айдин сымэ. Джэрыджэ Еланэ, Догужий Астемыр, КIуащ Астемыр, Шыбзыхъуэ Къанте­мыр сымэ ещанэ хъуахэщ.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIитIыр къыщызыхьахэр хэтынущ УФ-м кёкусин-кан каратемкIэ пашэ­ныгъэр къыщыхьыным хуэу­нэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэ­пеуэм. 
Ди командэм и тренерхэр ­Къармокъуэ Амурбэч, Мар­шэнкъул Къантемыр, Будай ­Казбек сымэщ. 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.06.2025 - 12:25

Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.

17.06.2025 - 09:04

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ.

17.06.2025 - 09:01

УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэу

17.06.2025 - 09:01

МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ.

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.