IуэрыIуатэм щIэблэр драгъэхьэх

Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэгъэза, сурэт щIынымкIэ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» лъэпкъыбэ фестиваль-зэпеуэр лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ, зэфIэкI зиIэхэр къэгъэ­нэIуэнымкIэ, апхуэдэхэм ядэIэпыкъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ арт-проектщ. 

2008 гъэм ирагъэжьа фестиваль-зэпеуэр къызэзыгъэпэщар Лъэпкъхэм я унэу Москва дэт къэрал IуэхущIапIэмрэ сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ и фондымрэщ. КъыжыIапхъэщ мы Iуэхур къыхэзылъхьахэм 2012 гъэм УФ-м и Правительствэм и ­саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар. Проектыр зэдагъэзащIэ ар зи жэрдэмхэмрэ Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ, УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, КъБР-м и Правительствэр, УФ-м и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и Аппаратыр я дэIэпыкъуэгъуу.
«Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ» арт-проектым лъабжьэ хуэхъуащ Кавказым ис лъэпкъхэм я IуэрыIуатэр. Ди эрэм и пэ къихуэ япэ, етIуанэ илъэс минхэм я зэблэкIыгъуэм къэунэхуа эпосыр ­ЮНЕСКО-м къилъытащ дунейпсо щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэу. Iуэхур щхьэпэщ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, Хэку лъагъуныгъэм, лъытэныгъэм, IуэрыIуатэм щIэблэр щIэпIыкIынымкIэ, лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ, тхыдэм пщIэ хуащIу къэгъэхъунымкIэ. Зэпеуэм жыджэру хэтщ бынунагъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмыщIахэм щыщ­хэр, сабий зеиншэхэр, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэр. Iуэхур зэ­рырагъажьэрэ абы кърихьэлIащ Урысей Федерацэм, КИФЩI-м и хэгъэгухэм щыпсэухэр, сабий художественнэ школхэм ще­джэхэр, сурэтыщI гъуазджэм дихьэх ныбжьыщIэхэр. Нэхъыщхьэращи, кIуэ пэтми Iуэхум зрагъэубгъу. 
Урысейм и щIыналъэхэм къыдэкIуэу, абы къыхашащ хамэ къэралхэм щыщ ныбжьыщIэхэри. БлэкIа илъэсхэм фестиваль-зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 12-м Европэм, Азием, Африкэм, Латин Америкэм щыщ, лъэпкъ 50-м къыхэкIа сабий, ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ минипщIым щIигъу. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр хагъэхьащ Москва Лъэпкъхэм я унэм, Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ, Москва, Абхъазым (Сы­хъум, Гагрэ, Новый Афон), Тыркум (Истамбыл, Анкара, Адана), Иорданым (Амман), Италием (Рим) щагъэува бгъэ­Iэпхъуэ хъу ­художественнэ выставкэхэм. Абы и фIыгъэкIэ, Урысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ я еджапIэхэм яку дэлъ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр ягъэбыдэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я ­щэнхабзэм и тхыдэм щIэблэр драгъэхьэх.
Къыхэгъэщыпхъэщ «Нартхэм я хъугъуэфIыгъуэ»-м хуэдэ Урысейми нэгъуэщI къэралхэми зэрыщымыIэр. Кузьмина Валентинэ къыдигъэкIащ «Сокровище нартов» тхылъыр. «Нартхэм я хъу­гъуэфIыгъуэ» тхылъыр бзэ зэмылIэужьыгъуэу 12-кIэ зэрадзэ­кIащ. Лъэпкъ куэдым щыщ ныбжьыщIэхэм иджы Iэмал яIэщ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм зэщхьэщыкIыныгъэу яIэр зэрагъэпщэну.
Кавказым ис лъэпкъ куэдым я щэнхабзэр къыгуэхыпIэ имыIэу нарт хъыбархэм епхащ. Адыгэ IуэрыIуатэр лъэпкъым и щэнхабзэ фэеплъщ, ди гъуазджэм и щапхъэщ, дунейпсо щэнхабзэр зыгъэбейщ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ гуапагъэр, захуагъэр, ныб­жьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр, лъэпкъым и блэкIар, и гупсысэр, и Iуэху еплъыкIэхэр.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2026 - 12:35

ЩIэуахътыншэри аращ

Совет Союзыр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, ди цIыхухэр зылI и быну зэщIэтаджэри, бий ерум пэщIэуващ.

12.05.2026 - 09:31

Зэхыхьэм хэт щIалэгъуалэр ди хьэщIэщ

 Мы махуэхэм Налшык къалэм щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIа­лэгъуалэ форумым и лэ­жьыгъэм пещэ.

12.05.2026 - 09:30

ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ветеран лъапIэхэ!

12.05.2026 - 09:29

НэхъыжьыфIыр щIалэгъуалэм яIуощIэ

Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьар зэрыдгъэлъапIэм и щIыхькIэ, тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ УФ-м и тхакIуэхэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиI

10.05.2026 - 09:03

ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.