Турист лъэс лъагъуэхэмкIэ зэрапх

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэр турист лъэс лъагъуэхэмкIэ зэпыщIэным ехьэлIа хабзэм и проектыр иджыблагъэ зэхагъэуващ «Кавказ.РФ»-мрэ УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ. Кавказ инвестицэ зэхуэ­сышхуэм ар щыжиIащ «Кавказ.РФ»-м и гъэзэщIакIуэ директор ТIымыжь Хьэсэн. 

Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ къыхалъхьа жэрдэмыр ныкъусаныгъэншэу гъэзэщIа хъун щхьэкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ зэлэжьыпхъэхэмрэ а законопроектым зэрыщызэпкърыхар икIи КИФЩI-м и щIыналъэ псоми щылэжьэну пэхуэщIэм ахэр зэрызэрипхынур.
Абы нэмыщI, Iуащхьэмахуэ дэкI туристхэм пап­щIэ, абы и джабэ нэкIухэм альпинист къалэ цIыкIухэр 2026 гъэм щаухуэнущ. «Кавказ.РФ»-м и унафэщIым и къуэдзэ Беккаев Хьисэ зэрыжиIамкIэ, бгым дэкIыну мурад зыщIа дэтхэнэ зыри а хьэщIэщхэм къыщыувыIэ хъунущ. Туристхэм я ­гъуэгуанэм щынэхъ лъагэ дыдэ къэувыIэпIэу щытынур мыгувэу зэрагъэпэщыжыну «Приют 11» хьэщIэщым деж хуозэ.
Альпинистхэм папщIэ абдежым модуль 19 щаухуэнущ, гъуэлъыпIэу псори зэхэту 68-рэ яIэу. Ахэр «Приют 11» хьэщIэщым и лъабжьэкIэ щытынущ. ПэхуэщIэм елэжьын щIадзэнущ 2026 гъэм икIи ар хуэунэтIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист инфраструктурэм зегъэужьынымрэ ди республикэм къакIуэ туристхэм фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.

08.10.2026 - 09:03

Зэи мыкIуэдыжыну IэщIагъэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ яхуэзащ. 

08.10.2026 - 09:02

Дыгъэм кърегъэгъэзэж

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит галереем мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, философ

08.10.2026 - 09:00

И тхыгъэхэр къэцIыхугъуафIэт

Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къы­зэралъхурэ мы гъэм илъэси 100 зэ­ры­рикъум теухуа пшыхь.