Спорт хъыбархъэр![]() Зэхьэзэхуэ зэIухам зыкъыщагъэлъагъуэ Дагъыстэным и Кизилюрт къуажэм щекIуэкIащ киокусинкай-каратэмкIэ республикэм и зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ, хэгъэрейхэм нэмыщI, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Кърымым, Мэзкуу, Орел къалэхэм я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 240-рэ, абыхэм ящыщу 18-р ди республикэм икIауэ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къахьащ Таттаевэ Аминэрэ ЛIыгуащIэ Ислъамрэ. Дыду Алихъан, Уханов Александр, Терешин Даниил, Щауэ Аскэр, ТIымыжь Беслъэн, Чернов Альберт, Аслъэн Аслъэн, Биткаш Ашшур, Конторин Роман, Шыд Ислъам, Абазэ Кемран сымэ зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр яубыдащ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Насыплы ТIэхьир, Ахъмэт Артур, Биткаш Давид сымэ. Нэхъ шэрыуэр зэхагъэкI ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ КъБР-м шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ шабзауищэм щIигъу, зи Iэпкълъэпкъым сэкъат зиIэ спортсменхэри яхэту. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, ди республикэм и спортсменхэм медаль 16 къыхуагъэфэщащ. Япэ увыпIэхэр къахьащ Хьэкъун Алан, Кулюшинэ Янэ, Стрельниковэ Аннэ сымэ. Зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я зэпеуэм пашэ щыхъуащ КIыщ Ахьмэд, Балъкъэр Дисанэ, Къардэн Тамарэ сымэ. Ди командэр зыгъасэр Кулюшинхэ Александррэ Натальерэщ.
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









