Урысейм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил кърихьэлIащ Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэу мы махуэхэм Минеральные Воды къалэм щызэхашам икIи Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным пыщIа IуэхухэмкIэ и комиссэм и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Ар къыщызэIуихым Мишустин Михаил фIыщIэ яхуищIащ форумыр къызэзыгъэпэщахэм. «Мы зэхуэсыр хъуащ инвесторхэр, хьэрычэтыщIэхэр, къэрал властым и лIыкIуэхэр щызэIущIэ, я зэпыщIэныгъэхэр щагъэбыдэ щIыпIэ», - жиIащ абы.
МахуитIым къриубыдэу форумым хэтащ цIыху мини 3,5-рэ, компание 650-м я лIыкIуэу мин 1,2-рэ, зэгурыIуэныгъэу 62-рэ щызэращIылIащ.
Мишустиным КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм инвестицэ и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр узыщыгуфIыкI хъуну зэрыщытыр къыхигъэщащ. Абы жиIащ а ехъулIэныгъэхэр нэхъри зэрыгъэбэгъуапхъэр - туризмэм и инфраструктурэр щыIэ мардэ лъагэхэм хуэкIуэу зэгъэпэщын, хамэ къэралхэм кърашхэр зэхъуэкIыным хуэщIа иджырей технологиехэр къагъэсэбэпурэ, мэкъумэш, промышленнэ IэнатIэхэм зегъэужьын зэрыхуейр.
Правительствэм и УнафэщIым жиIащ, Президентым пщэрылъ къащищIауэ, Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэ-зыгъэхъужыпIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэм ящыщу абы къыхигъэщащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, транспортым ехьэлIа Iуэхухэр гъэлъэщыныр, курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм нэхъри зегъэужьы-ныр, экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм щылэжьэфыну IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр.
Мишустиным къыхигъэщащ а зэхъуэкIыныгъэ псори цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным зэрыхуэгъэпсар икIи социальнэ IэнатIэм икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэрыщызэфIагъэкIар. Президентым къыхилъхьа лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ Кавказ Ищхъэрэм, къэралым и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, иужьрей илъэс зыбжанэм къриубыдэу щаухуащ е къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ узыншагъэр хъумэным пыщIауэ, сабий садрэ еджапIэу, спорт IуэхущIапIэу щэхэр.
Зэхуэсышхуэм и гъэлъэгъуэныгъэхэми зыщиплъыхьащ Мишустин Михаил. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы щиIэ плIанэпэм дежи къыщыувыIэри, щыгъуазэ зищIащ республикэм абы и утыку ирихьахэм. Псом япэу гулъытэ зыхуищIар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зегъэужьыным хуэгъэза, 2030 гъэ пщIондэ тещIыхьа къэрал программэшхуэхэу ягъэзащIэхэрщ: ахэр хадэхэкIхэр щагъэкIыу Шэджэм щыIэ хуабэщхэрщ, бгым лыжэкIэ къежэхын зыфIэфIхэм яхуэщIа «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэрщ, Бахъсэн Ипщэ ГЭС-рщ, бгым щIэлъ гъэбэтапхъэхэр къыщIэхыным елэжь Тырныауз комбинатырщ, Налшык щаухуэ IT-паркырщ, «КъуэкIыпIэ», «Мей» хьэблэхэрщ. Ахэр мы зэманым зэлэжь ухуэныгъэхэщ.
Утыку кърахьащ инвестицэ проект нэхъ инхэри - ягъэлъэгъуащ мэкъумэш-техникэ паркым, джэдыл къыщалэжьыну IуэхущIапIэм, «Налшык» курортым и паркым зегъэужьыным теухуахэм я макетхэр.
Апхуэдэу, Бахъсэн щIыналъэм къыщызэIуахыну «Междуречье» мэкъумэш-техникэ паркым гектар 200 иубыдынущ, абы щыIэнущ къэкIыгъэхэм ткIуэпс зырызурэ псы щIэгъэлъэдэным, мэкъумэшхэкIхэм зэрелэжьыну мэкъумэш машинэхэр, Iэмэпсымэхэр зэпкърылъхьэным хуэщIа щIыпIэ 40.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм щащIыну джэдкъаз гъэхъупIэм зы илъэсым джэдыкIэ мелуан 36-рэ зралъхьэ хъуну инкубатор хэтынущ, джэдылу тонн мин 30 къыщыщIагъэкIыфынущ.
Къэрал мыхьэнэ зиIэ «Налшык» курортыр адэкIи зэрырагъэфIэкIуэным яужь итщ, гъуэгухэр зэрагъэпэщыж, шхапIэкIи, зыгъэпсэхупIэкIи нэхъри зэIузэпэщ ящIынущ, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIэкIуэнущ, цIыху минипщIым зэуэ зыщагъэпсэхуфын хуэдэуи зрагъэубгъунущ. А псор хуэунэтIащ экономикэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, республикэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ шэщIауэ зеужь - къыщыщIагъэкI продукцэм хуэдитIкIэ хэхъуащ илъэситхум къриубыдэу икIи ар сом мелард 325-рэ и уасэ хъуащ. 2030 гъэм ирихьэлIэу ар хуэди 2,5-кIэ нэхъыбэ ящIын мурад щыIэщ.
КIуэкIуэ Казбек Мишустин Мухаил фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэшхуэ къызэрыхуищIым, экономикэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ ди деж къыщыхалъхьэ жэрдэмхэр къазэрыдиIыгъым папщIэ.
Зэхуэсышхуэм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэхэм щыIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрийрэ.
Форумым щагъэуват щIыналъипщIым инвестицэ зыхэплъхьэ хъуну яIэхэмрэ я экономикэм зезыгъэужь IэнатIэ нэхъыщхьэхэм я зэфIэкIхэм-рэ щагъэлъагъуэ щIыпIэхэр, апхуэдэу КИФ-2025-м и лэжьэгъу-компание нэхъ инхэм я экспозицэ 40-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и стендым щигъэлъэгъуа проектхэм 2030 гъэ пщIондэ псори зэхэту сом меларди 171-рэ хухахынущ, абы щыщу меларди 152-р бюджетым щымыщ инвестицэу. Я мурадщ лэжьапIэ IэнатIэу 4470-рэ къызэIуахыну. Проектхэр гъэзэщIэн зэрыщIадзэрэ псори зэхэту ахъшэу халъхьащ сом мелард 46-м щIигъу, абы щыщу сом мелард 30-р бюджетым щымыщ инвестицэщ, лэжьапIэ IэнатIэу 800 къызэIуахащ. Абыхэм щыгъуазэ защIащ къэрал унафэщIхэм.
КIуэкIуэ Казбек Новак Александррэ Чайкэ Юрийрэ фIыщIэ яхуищIащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр къызэрыдаIыгъым папщIэ.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и хъыбарегъащIэ телеграф агентствэм - ИТАР-ТАСС-м и генеральнэ директор Кондрашов Андрей икIи а IэнатIэм щызэдэлэжьэным теухуа меморандумым Iэ традзащ.
А дэфтэрым щыубзыхуащ республикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, экономикэм, туризм IэнатIэм щиIэ зэфIэкIхэр, и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм, нэгъуэщIхэми ятеухуахэр сыт и лъэныкъуэкIи къэгъэлъэгъуэныр. А зэдэлэжьэныгъэр сэбэп хуэхъунущ республикэм и инвестицэ Iэмалхэр нэхъ нэсу хэIущIыIу щIыным.
КIуэкIуэ Казбек Кондрашов Андрей фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым гулъытэ къызэрыхуищIым папщIэ икIи къыхигъэщащ къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэ нэхъ пажэхэм ящыщым дэлэжьэныр республикэм къызэрыхуэщхьэпэнур.
ЩIыналъэхэм я сэбэп зыхэлъ зэIущIэ куэд ирагъэкIуэкIащ а махуэхэм. Абыхэм ящыщт КIуэкIуэ Казбекрэ «Газпром межрегионгаз» компанием и генеральнэ директор Густов Сергей я зэпсэлъэныгъэри.
Абыхэм я гугъу ящIащ зэгъусэу адэкIи зэрызэдэлэжьэнум пыщIа Iуэхухэм, къапщтэмэ, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир унагъуэ псоми газыр яIэрыхьэным теухуауэ къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэнми. Абы и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр щыIэщ - унагъуэ мини 4-м газхэр ирашэлIэным теухуауэ зэращIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэхэм ящыщ мини 3,7-рэ зэфIагъэкIакIэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыналъэхэм я деж 7-нэ увыпIэр щиIыгъщ. КIуэкIуэ Казбек жиIащ унагъуэхэм газыр яхуешэлIэныр республикэм щыпсэухэм я дежкIэ дэIэпыкъуныгъэшхуэу зэрыщытыр.
Зэрыщыту къапщтэмэ, илъэситхум зэфIагъэкIыну яубзыхуахэм япкъ иткIэ газ кIуапIэу блы яухуэну я мурадщ, ирагъэфIэкIуэнущ газыр зыIэрыхьэхэм щыхуаутIыпщ «Прималкэ», «Аргудан», «Старэ Урыху» станцхэр, зэрагъэпэщыжынущ «Новоивановкэ», «Малкэ», «Пролетарскэ», «Нарткъалэ», «Нартан» жыхуиIэхэр, апхуэдэу «Прохладнэ» ГРС-2-м и къыхэкIыпIэ бжьамийхэр.
И гугъу ящIащ IуэхущIапIэхэр, унагъуэхэр хуабэкIэ къызэгъэпэщын IэнатIэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэрал дэIэпыкъуныгъэ зратынухэм хагъэхьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
ЩIыналъэхэр зэдэлэжьэным хуэгъэза зэгурыIуэныгъэхэри щызэращIылIащ зэхуэсышхуэм.
КIуэкIуэ Казбекрэ Ингушым и Iэтащхьэ Калиматов Мэхьмуд-Алийрэ Iэ традзащ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм.
Республикэхэм ис лъэпкъхэм яку лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ зэгъунэгъуфI зэхущытыкIэхэр дэлъщ. Зэныбжьэгъунымрэ зэдэлэжьэнымрэ теухуа зэгурыIуэныгъэ республикэхэм 1994 гъэми зэращIылIауэ щытащ, нэхъ иужькIи апхуэдэ лъэбакъуэхэр ячащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ щIыналъэхэм я туризм, щэнхабзэ IэнатIэхэр нэхъри ефIэкIуащ.
Мы зэгурыIуэныгъэм еубзыху промышленностым, мэкъумэш, хьэрычэт IэнатIэхэм нэхъ быдэу щызэпыщIауэ щытыныр.
Форумым лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Дагъыстэным и Iэтащхьэ Меликов Сергейри.
Абыхэми илъэситху пIалъэм тещIыхьа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Ари хуэунэтIащ щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI IэнатIэхэми щызэдэлэжьэным - унэтIыныгъэ 11-м щагъэзэщIэну Iуэху 35-рэ къызэщIаубыдэ.
«Дагъыстэным промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм и къудамэ куэдым зыщаужьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрри Кавказ Ищхъэрэм и экономикэм и лъабжьэр зыгъэбыдэхэм ящыщщ. Ди зэхуэдэ фейдэ зыхэлъ Iуэху куэд къетхьэжьэфынущ. Шэч къытесхьэркъым ди республикэхэм я зэпыщIэныгъэхэр абы нэхъри зэригъэбыдэнум» - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек зэгурыIуэныгъэм Iэ традза нэужь.
Зэхуэсышхуэм хыхьэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэ псоми нэхъыщхьэу къыщыхагъэщхьэхукIахэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм экономикэ лъэщ, турист, мэкъумэш, промышленнэ, транспорт IэнатIэхэр иIэн, цIыхухэр сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщу псэун папщIэ зыхуеину псомкIи къызэрызэгъэпэщар.