КIуащ Тамарэ и дамыгъэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Ветеранхэм я советым щратащ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр зэри­ухрэ илъэс 80 ирокъу» юбилей медалыр. 

Дамыгъэр хуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэм и ветеран, а илъэсхэм лэжьа икIи щIэныгъэхэмкIэ кандидат япэу хъуа адыгэ бзылъхугъэ ­КIуащ Тамарэ Хьэзрэт и пхъум. Ар 1927 гъэм накъыгъэм и 20-м Аргудан къуажэм къыщалъ­хуащ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди республикэм къыщизэрыгуа илъэсхэм илъэс 15 хъуа къудейт. 1945 гъэм абы ­къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым литературэмкIэ и факультетыр. ИужькIэ Москва дэт ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием бзэщIэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирантурэм щIэтIысхьащ. Тамарэ Налшык къигъэзэжа нэужь, и лэжьыгъэм щыпищащ щIэны­гъэ-къэхутакIуэ институтым. 1963 гъэм ар хахащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, Президиумым и унафэщIым и къуэдзэ къу­лыкъури щигъэзэщIащ. 
1978 гъэм къыщыщIэдзауэ 2015 гъэ пщIондэ КIуащ Тамарэ ­КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и кафедрэм щы­лэжьащ, егъэджакIуэ нэхъыжьу, доценту. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и иджырей пэжырытхэр (орфографиер) къэзыщта къэпщытакIуэ гупым и унафэщIу щытащ.
КIуащым и зэфIэкIым къэрал дамыгъэ куэд къыпэкIуащ. Абыхэм яхэтщ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм и гуащIэм къыхуагъэфэща медалхэри, Лэжьыгъэм и ветеран цIэри. И ныбжьымрэ узыншагъэм къы­зэримытIасэмрэ къыхэкIыу, Тамарэ мы зэIущIэм къэкIуэфакъым, ауэ хуагъэфэща медалыр иратыжащ и къуэрылъху Iулыдж Азэмэт. ЩIалэм университетымрэ Ветеранхэм я советымрэ фIыщIэ яхуищIащ, нэхъыжьхэм хуащI гулъытэмрэ пщIэмрэ папщIэ. «Си анэшхуэм сыт щыгъуи зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъащ. Абы дропагэ. Университетым зэ­рыщымылэжьэжрэ куэд щIами, ноби ар зэращымыгъупщэр икъукIэ ди гуапэщ», - жиIащ Азэмэт.
Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэр ­КIуащ Тамарэ ехъуэхъужащ узыншагъэ быдэ иIэну.
Гу зылъытапхъэ: «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр зэриух­рэ илъэс 80 ирокъу» юбилей медалыр УФ-м и Президентым и унафэ­кIэ 2024 гъэм и фокIадэм къыдагъэкIащ. Ар ират Хэку зауэшхуэм и ­ветеранхэм, а илъэсхэм лэжьахэм, Ленинград блокадэм хиубыда­хэм, Сталинградрэ Севастополрэ щыпсэуахэм, нэмыцэ концлагерхэм ­балигъ ныбжьым нэмысауэ исахэм.

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите