Тыркум кIуэну загъэхьэзыр

Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Мэзкуу областым хыхьэ Наро-Фоминск къалэм щекIуэкIащ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэмрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъумрэ теухуауэ. Абы кърихьэлIащ ди къэралым и щIыналъэхэм я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 1500-м щIигъу.

МахуиплIкIэ екIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэтащ цIыху 21-рэ, я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ кикбоксингым и «лоу-кик», «К1», «фулл-контакт» унэтIыныгъэхэм икIи медаль 12 къахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм ди республикэм текIуэныгъэхэр къыхуахьащ Къардэн Азэмэт, СэвкIуий Саид, Ламырдон Дианэ сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Хутэ Адэлбий, Абдусаламов Саид, Къэрмокъуэ Элинэ сымэ.
Къумыкъу Алан, Шыкъ Албэч, ХьэпцIэ Алан, Джангуразов Щамил, Зияддинов Ибрэхьим, Курбанов Рэмэзан сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ.
Зэхьэзэхуэм япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщызыхьахэр УФ-м и командэ къыхэхам хэту мы гъэм жэпуэгъуэм Тыркум щекIуэкIыну дунейпсо зэпеуэм кIуэнущ. 
Ди командэм ядэлажьэр Куэшмэн Рустам, Къудей Алим, Саралидзе Айдин, БейцIыкIу Ибрэхьим, Сасыкъ Анзор сымэщ. 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.07.2026 - 09:03

Пэжыр зи гъуазэм насыпыр и гъуэгущ

КъШР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис Индрис и къуэм и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ. Ар Хьэ­бэз адыгэ къуажэм къыщалъхуащ.

15.07.2026 - 09:03

Республикэм и гъуэгухэр къепщытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Каз­бек дыгъуасэ щыгъуазэ зи­щIащ республикэм гъуэгу­хэр щызэгъэ­пэщыжыным хуэгъэзауэ щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм ящыщ зыбжанэм.

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.