КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтщ Минеральные Воды къалэм щекIуэкI Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм. Абы кърихьэлIащ хьэрычэт IуэхущIапIэ инхэм, къэ-рал органхэм я лIыкIуэхэр, къэпщытакIуэхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым а зэхуэсым щегъэлъагъуэ турист-рекреацэ, мэкъумэш, продукцэ къыщIэзыгъэкI IэнатIэхэм щиIэ Iэмалхэр, республикэм и компание 200-м нэблагъэм щыщхэм я зэфIэкIхэр зыхуэдэр хэIущIыIу щащI.
ЗэIущIэшхуэм ипкъ иткIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Иджырей щытыкIэм иту къэралым жыг хадэхэр щыгъэкIыныр: абы и ефIэкIыныгъэхэр, зыIууэ гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэр къэгъуэтынымрэ» зыфIаща сессием.
ЩIыналъэм и унафэщIым къыхигъэщащ зи гугъу ящIыр къэралым и мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр:
- Иджыпсту мыр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ, псом хуэмыдэу Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я дежкIэ. Апхуэдэ мыхьэнэшхуэ щIиIэри абы ерыскъыпхъэ шынагъуэншагъэр къызэрызэригъэпэщырщ, экономикэми хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, дэ тхужыIэнущ республикэм и жыггъэкIхэм я цIэр фIыкIэ щыжаIэу щыта зэманым къызэригъэзэжыр. Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ мэкъумэшыщIэхэм, щIым телэжьыхь, а ерыскъы лIэужьыгъуэр къэзыгъэкI цIыхухэм. Пэж дыдэу, ар икъукIэ лэжьыгъэ гугъущ, ауэ абы гурэ псэкIэ яужь итщ ахэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм иджыри ехъулIэныгъэщIэхэр къызэрахьынур си фIэщ мэхъу.
Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр иIыгъщ пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэхэкIхэр къехьэлIэнымкIэ. 2024 гъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэу IуэхущIапIэ псоми зэхэту кърахьэлIэжар тонн 1027-рэ мэхъу - ар процент 30,7-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ. Ар къэралым пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэ- кIыу къыщагъэкIам и процент 25-рэ мэхъу.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр къэралым мэкъумэш IэнатIэм хуищI гулъытэм зэрыхэхъуам, Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэм зэрафIыгъэр.
- Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм а лэжьыгъэр нэхъри щIегъэхуабжьэ. Дэ ар республикэм и экономикэм, а IэнатIэм зегъэужьыным щызыхыдощIэ. Аращ лъабжьэ хуэхъуар пхъэщхьэмыщхьэ тонн мелуаным, жыгыщIэхэр ди деж къызэрыщагъэкIыжым, хадэщIэхэр зэрыхасэм. Нобэм ирихьэлIэу дэ жыг хадэу гектар мин 27-м щIигъу диIэщ, абыхэм ящыщу мин 23-м щIигъур псынщIэу къызыпыкIэ лIэужьыгъуэхэм хуэдэу. Дэ гулъытэшхуэ худощI а унэтIыныгъэм, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэщ жыг хадэ гъэкIыным хуэунэтIа Iуэху псори зэпыщIауэ щызэфIагъэкIыфыр - жыг гъэтIысхьэнхэр къэгъэкIыжыным, жыгхэр зыIыгъыну пкъохэр гъэжыным къыщыщIэдзауэ ахэр зралъхьэну пластик ашыкхэр нэгъунэ щIыным нэсу. Илъэс къэс фIагъ лъагэ зиIэ жыг цIыкIуу мелуани 2,8-рэ къыдогъэкIри, мелуаным щIигъур адрей щIыналъэхэм яхудогъашэ. Ди продукцэ гъэтIылъыгъэхэм илъэс хъурейм щIэупщIэ яIэщ икIи сату щIыпIэхэм хурагъашэ пхъэщхьэмыщхьэ къыпычыжыгъуэщIэр къэсыху. Ар зи фIыгъэр зэуэ пхъэщхьэмыщхьэ тонн мин 330-м щIигъу зыщIэхуэн хъумапIэ лъэщхэр зэраухуарщ. Ди мурадщ абыхэм дяпэкIи къахэдгъэхъуэну икIи 2030 гъэм ирихьэлIэу ахэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ тщIыну.
ДызыхуэкIуэ зэманым къапэщыт къалэнхэм ящыщу КIуэкIуэ Казбек къигъэлъэгъуащ лэжьакIуэхэр гъэхьэзырыным, къэкIыгъэхэм елэжьыным ехьэлIа щIэныгъэ-практикэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэныр.
ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэ, Ставрополь крайм и ЖыггъэкIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Ширинов Айдын КIуэкIуэ Казбек и къэпсэлъэныгъэм и гугъу щищIым къыхигъэщащ щIыхэр фейдэ нэхъыбэ къату къэгъэсэбэпынымкIэ Къэбэр-дей-Балъкъэрыр щапхъэу зэрыщытыр.
- Пхъэщхьэмыщхьэ къехьэлIэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр зэриIыгъым къыдэкIуэу, ахэр хъумэнымкIи пашэщ. Апхуэдэуи ар щапхъэу бгъэлъагъуэ хъунущ а псори зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпынымкIэ, сыту жыпIэмэ абыхэм я лэжьыгъэр тэмэму зэтеухуащ. Иджыри зэ зызумысыжынщи, абыхэм дэ куэдкIэ щапхъэ ятыдох. Абыхэм я дежкIэ а унэтIыныгъэр нэхъ гугъущ, сыту жыпIэмэ, ахэр щылъагъуэхэшщ абы. Ди дежкIэ нэхъ тыншщ, я лъэужьым диту докIуэри, я проект нэхъыфIхэр къыдогъэсэбэпри.
Ширинов Айдын КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ къыхуищIащ щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм и нэIэ зэрытетым, абы теухуа зэIущIэхэм зэрыхэтым папщIэ.
Республикэм и Iэтащхьэр хуэзащ Къэзахъстан Республикэм и полномочнэ лIыкIуэу Урысей Федерацэм щыIэ Абаев Даурен. Ахэр тепсэлъыхьащ социально-экономикэ IэнатIэм зэдэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
Урысейм политикэ, экэномикэ унэтIыныгъэхэм щилэжьэгъу нэхъ инхэм икIи къэзыгъэпэжхэм ящыщщ Къэзахъстаныр. Мы зэман гугъум къэралитIыр зэпыщIауэ щытыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхагъэщ Урысейм и Президент Путин Владимири Къэзахъстаным и Президент Токаев Къасым-Жомарти.
«Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэзахъстанымрэ сатууэ зэдащIым хуэдищкIэ хэхъуащ иужьрей илъэсхэм. Ди республикэм Къэзахъстаным хурегъашэ гъавапхъэ къэкIыгъэхэр, крахмалыр, гъэшхэкIхэр, IэфIыкIэхэр, псыхэкI зэмылIэужьыгъуэхэр, налмэсым къыхэщIыкIа Iэмэпсымэхэр. КъэралитIым дзыхь зэхуащIу зэдэлэжьэным Къэбэрдей-Балъкъэрым адэкIи хэлъхьэныгъэ хуищIыну хьэзырщ. Дэ ди зэпыщIэныгъэхэм зэрызедгъэубгъун Iэмалхэр куэд дыдэ хъууэ къызолъытэ, ар щэнхабзэ-туризм, щэнхабзэ-псапащIэ Iуэхухэрщ, цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтын, узыншагъэр хъумэн унэтIыныгъэхэрщ. Ди зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэунэтIа лэжьыгъэм адэкIи пытщэнщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ нэужьым.
ЩIыналъэхэм я унафэщIхэм ящIыгъуу КIуэкIуэ Казбек хэтащ «ЛIыхъужьхэм къагъэзэж: Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэм абыхэм я узыншагъэр щегъэфIэкIуэжын» зэIущIэм.
Ар мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ Iуэхущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым Дзэ Iуэху хэхам хэтахэм защIэгъэкъуэным теухуа программэр 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ щолажьэ. Абыхэм апхуэдэ IуэхухэмкIэ зыхуагъазэ хъунущ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм, езыхэр зыщыщ щIыпIэхэм я муниципалитетхэм а Iуэхур щызэкIэлъызыгъакIуэхэм.
«Дзэ Iуэху хэхам хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ зыхуеину дэIэпыкъуныгъэхэр иратынымкIэ «Налшык» курортым Iэмал псори щыIэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек - Ди щIыналъэм щолажьэ зыгъэпсэхупIэ 20-м щIигъу, псори зэхэту цIыху минитхум щIигъу зэуэ щIэхуэну, узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным хуэщIа IэзэкIэхэр къагъэсэбэпу. ИкIи дэ дыхьэзырщ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр зыщыщ щIыпIэм емылъытауэ ахэр къедгъэблэгъэну.
Ди къэралым и шынагъуэншагъэр, ди щIэблэхэм я къэкIуэнур нобэ зыхъумэ, ди зэIузэпэщыгъэм щIэбэн ди лIыхъужь псоми, ветеранхэмрэ дзэ къулыкъум хэтхэмрэ си щхьэр яхузогъэщхъ».