Узыгъэгупсысэн защIэщКъэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит сурэт гъэлъэгъуапIэм накъыгъэм и 20-м къыщызэIуахащ Адыгэ лъэпкъым и Щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIа Iуэху дахэ. Иорданием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Эль-Саид Зайнэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «Коды родной культуры» гъэлъэгъуэныгъэращ сурэтыщIхэри, лъэпкъ интеллигенцэри, къалэдэсхэри, Налшык и хьэщIэхэри зэхуэзышэсар. Бжыгъэр и лъабжьэу компьютеркIэ зэхэгъэува, сурэт щIыным и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыгъэсэбэпа лэжьыгъэщ ди пащхьэ къралъхьахэр. Хэхэс бзылъхугъэм и къуэпсхэм, и щIыналъэм, и лъэпкъым, и тхыдэм ехьэлIа и гупсысэхэращ лъабжьэ яхуищIар. Зэхигъэува коллажхэмкIэ абы къехутэ гъащIэр зэран хуэмыхъуфу лъэпкъ щэнхабзэм къыхэна нэрымылъагъу дамыгъэхэр. И щхьэм илъ гупсысэр къызэригъэлъэгъуэфыну къыщыхъуу компьютеркIэ къигъуэтурэ зэридзылIа теплъэхэм - цIыхухэм, щыгъыныгъуэхэм, лъэпкъ дамыгъэхэм, удз гъэгъахэм псэущхьэхэм, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэу адыгэхэм къадэгъуэгурыкIуахэм, уагъэ-щагъэхэм - ящыщу зытеIэзэщIыхьыпхъэхэри зыщигъэгъупщакъым сурэтыщIым. Абыхэм лэжьыгъэхэр нэхъ нэIурыт ящI, гу зылъытапхъэу къыхэгъэбелджылыкIын хуейхэр нэм нэхъ къыIурагъадзэ. Апхуэдэ гупсысэ езы сурэтыщIым имыIэу ар Iэмал гуэрым и хэкIыпIэми сщIэркъым, ауэ къызэрыгуэкI цIыхум, гъуазджэ IэрыкIхэр гурыхь-гурымыхькIэ, гупсысэ къызыпкърыкI-къызыпкърымыкIкIэ зэхэзыгъэкIым арауэ къысщохъу къызэрыфIэщIынур. Мыбыхэм уагъэгупсысэ къудейкъым, уазэреплъу, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил и псалъэкIэ жысIэнщи, щхъуэфэцкIэ укъаIэт. Зым и теплъэм адрейр щIэжьыуэу, ахэр зэрызэхэувэм дыкъызыхэкIа лъэпкъым и гупсысэ щэху гуэр къыпкърыкIыу телъыджэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, слъэмыкIыу сыкъыщызэтеувыIащ «Состояние ума» зи фIэщыгъэ сурэтым и деж. Щхьэуэ фIэтщ сэ кIэщIыр, фочыр, зауэ-банэр, ахэр и гъащIэ гъусэу зэрыщытым и нэщэнэу. Аслъэн шыритI и бгъумкIэ къыщытщ, и лIыгъэр къигъэлъагъуэу, гу щабагъэщ и Iэм пэгъунэгъу удз гъэгъар зи дамыгъэр - псэ зэныкъуэкъур арауэ къысщохъу мыбыкIэ къигъэлъэгъуэну зыхэтыр. ХьэтиякIуэм и щхьэм уэгунэ бзу цIыкIу щызолъатэ, бзылъхугъэ пыIэ щхьэрыгъыу. Лъэпкъ дамыгъэхэр зэрызэIуща цы Iуданэр IэшкIэ хъу-мыхъущ. Адыгэхэм я псэр щысабыра хым хэтщ бзылъхугъэ, къэрабэ удз гъэгъам и щхьэ бапхъэр фIэту, ахэр лъэпкъ дамыгъэхэр къыхэщу, жьым зэбгрех... Угупсысэххэнумэ узыгъэгупсысэн защIэщ, хэхэс гъащIэм хапIыкIа ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэм и IэдакъэщIкIхэр. Абы щыгъуэми, езы Зайнэ зэрыжиIэмкIэ, ар фIыуэ зыцIыхухэм къызэрыхагъэщымкIэ, блэкIар и тегъэщIапIэу нобэрей гъащIэм и теплъэ къигъэщIу аркъудейщ. ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









