Мечиев Кязим и цIэр зезы-хьэм НыбжьыщIэхэм я библиотекэм накъыгъэм и 14-м щыщIэдзауэ щекIуэкIащ художественнэ творчествэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я VIII фестивалыр. Ар Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВОИ) къызэригъэпэщащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.Iуэхур ирагъэкIуэкIащ Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI ВэрылI Владимиррэ Бэрэгъун Розэрэ.
Фестивалым зэхуишэсащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Дагъыстэн, Ингуш, Къалмыкъ, Шэшэн, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Астрахъань, Волгоград областхэм щыщ, Ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм хэт зэфIэкI зиIэ артистхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ. Апхуэдэу, зыкърагъэхьэлIащ щIыналъэ къэс щыIэ ВОИ-м я унафэщIхэми. Зэхыхьэм зыкъыщагъэлъэгъуащ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ. КъыжыIапхъэщ, фестивалыр гъэ къэс щIыналъэ хэхам чэзууэ зэрыщрагъэкIуэкIыр.
- Ди щIыналъэм щыпсэухэми ди хьэщIэхэми насып, гуфIэгъуэ, узыншагъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну! Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумкIэ сынывохъуэхъу! Дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди щIалэхэри текIуэныгъэ къахьу икIэщIыпIэкIэ къекIуэлIэжыну Тхьэм жиIэ! Гъуазджэм фыщиIэ зэфIэкIхэр къэвгъэлъэгъуэну, зыр адрейм фи IэзагъымкIэ фыдэгуэшэну си гуапэщ, - жиIащ ВэрылI Владимир.
Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм Ныкъуэдыкъуэхэм я совет щыIэм и унафэщI Дроновэ Ольгэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ ехъулIэныгъэ яIэу зыкъагъэлъэгъуэну, мамырыгъэ, узыншагъэ, гуапагъэ яIэну, пщIэ я зэхуаку дэлъу, хэщI ямыIэу дяпэкIи зэхуэсыну.
Фестивалым езым ятхыжа уэрэдхэри щагъэзэщIащ, усэхэм къыщеджащ. Зэхыхьэм щагъэлъэгъуа декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэри гъэщIэгъуэнт, удэзыхьэхт. IэпщIэлъапщIэхэмрэ артистхэмрэ Iэмал яIащ я зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмкIэ зэхъуэжэну, зэпсэлъэну, загъэпсэхуну.
Щэнхабзэ-нэгузыужь программэри хьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ. Абыхэм зыщрагъэплъыхьащ Балъкъэр Ипщэ къуажэмрэ Гуэл щхъуантIэхэмрэ. ХьэщIэхэм къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэмрэ абы щыпсэухэм я гуапагъэмрэ зэрахьэхуар.
ВэрылI Владимир къызэрыджиIамкIэ, я IуэхущIапIэр къэра-лым и апхуэдэ зэгухьэныгъэ 83-м язщ икIи ди республикэм и къудамэр нэхъыфIхэм ящыщу къалъытэ. Мы зэгухьэныгъэм ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ шахмат джэгухэр, фестивалхэр, концертхэр къызэрегъэпэщ, ди щIыпIэ дахэхэм зыплъыхьакIуэ яшэ, зыщрагъэпсэху.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.