БлэкIам къэгъазэ иIэкъым

Адыгэхэм я Щыгъуэ махуэм теухуа зэхыхьэхэр республикэм и къалэхэм, ­къуажэхэм, районхэм щIэщыгъуэу, гу­къинэжу щызэхэтащ. Махуэшхуэм хухаха, адыгэ уэрэдыжьхэр щагъэзащIэ «Си     Хэку - си уэрэд» фэеплъ-гукъэкIыж пшыхь нэхъыщхьэр «Псэ жыгым» деж щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 161-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Абы зыкърагъэхьэлIащ ди республикэм исхэм, гъунэгъу щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм, ди зэкъуэтыныгъэр, зэ­къуэшыныгъэр нэхъри ягъэбыдэн мурадкIэ хэкум къекIуэлIэжахэм. 

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, адыгэ фащэ екIур къызыщыпс Хьэмырзэ Ахьмэд зэ-хуэсахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, жиIащ гъэ къэси, Щыгъуэ махуэм ирихьэлIэу, «Псэ жыг» фэеплъым деж зэлъэпкъэ­гъу­хэр зэрыщызэхуэсыр, хуитыныгъэм, Хэкум папщIэ зи псэ зытахэр зэращымы­гъупщэм и нэщэнэу. Ар гупсэхуу къеджащ Бемырзэ Мухьэдин итха «Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI» усэм. 
- БлэкIам къэгъазэ иIэкъым, блэкIам кIэлъыджэркъым, ауэ икIи ар зыщагъэ­гъупщэркъым. Нэщхъеягъуэ зиIэм адыгэр щыхуэгузавэкIэ, «Тхьэм пщимыгъэ­гъуп­щэкIэ», щIыжиIэр апхуэдэ щхьэусыгъуэщ. Ныщхьэби ди блэкIам дыщриплъэж пшыхьщ. Адыгэм и тхыдэр шыкIэпшынэм къикI макъымрэ джэгуакIуэжьым иуса гъыбзэмрэ хъэрэмэхъищэу хэухуэнащ. Кавказ зауэжьым я хэку яхъумэу, я щхьэхуитыныгъэ щIэзэууэ хэкIуэдахэм, ИстамбылакIуэм ихьахэм, хамэщIыр бэн зыхуэ­хъуахэм я псэр дунеягъэкIэ Тхьэм къимыгъэхъуапсэкIэ, - жиIащ Хьэмырзэ Ахьмэд. 
КIэхумахуэ ФатIимэ къеджащ МахуэлI Нарзан и IэдакъэщIэкI «Куэдыщэ игъэващ си адэжь лъахэм» усэм. УэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ «ИстамбылакIуэ» уэрэдымкIэ абы къыпищащ. 
Зэхыхьэм лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу къекIуэлIахэм уащыхэплъэкIэ, адыгэ лъэпкъым гъуэгуанэ гугъу къикIуами, и хабзэр, и бзыпхъэр, и бзэр, и нэмысыр зэрихъу­мэжар нэрылъагъут. Зэхуэсахэр хъуахъуэрт блэкIам кIэлъымыгъыу, къэкIуэнум хуэлажьэу, ди бзэмрэ хабзэмрэ тхъумэжу, ди лъэпкъ жыгым тхьэмпэщIэ къыпыкIэ фIэкIа и ­къуэпсыр мыгъуу къикIуа илъэс мин бжыгъэм къыпищэу адыгэ лъэпкъыр дяпэкIи псэуну. 
Адыгэхэм ди Щыгъуэ махуэм теухуа фэеплъ пшыхьыр ягъэбжьыфIащ республикэм и уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ящыщхэу Бэч Азэмэт, Шэрджэс Iэсият, ДыщэкI Артур, Шы­кIэбахъуэ Ислъам, Щокъуий Мурат, Дау Iэминэ, «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Кавказ» ­ансамблхэм, шыкIэпшынауэ Еуаз Зубер, пшынауэ Чылар Нэсрэн, ПIаз ФатIимэ, нэгъуэщI­хэми. Абы щыIуащ адыгагъэм, ИстамбылакIуэм, анэдэлъхубзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ. ИстамбылакIуэ гъуэгуанэм текIуэдахэм, хы ФIыцIэжьым игъэпщкIуахэм я псэм лъысын папщIэ, жьэрымэ пщтыр къри­хьэлIахэм Iуагъэхуащ. Пшыхьыр и кIэм щынэблагъэм, шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.08.2026 - 10:45

Дэрэжэгъуэр хьэщIэхэм къызэпаудащ

«Спартак-Налшык» (На­л­шык) - «Ростов-2» (Дон Iус Ростов) - 0:3 (0:1). Налшык. «Спартак» республикэ стадион. ШыщхьэуIум и 8-м. ЦIыху 648-рэ еп­лъащ. 

11.08.2026 - 09:57

ХэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ яубзыху

КъБКъУ-м и медицинэ академием щекIуэкIащ лышх узыфэм, ар зыпкърыт сымаджэхэм ягъуэтын хуей дэIэпыкъуныгъэм теухуа япэ щIыналъэзэхуаку щIэ­ныгъэ-практикэ конференцэ.

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.