Ди пхъэщхьэмыщхьэхэм къащIэупщIэхэм къахохъуэ

«Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм къипщытащ 2025 гъэм и япэ мазиплIым къриубыдэу КИФЩI-м и щIыналъэхэм я пхъэщхьэмыщхьэ продукцэу нэгъуэщI щIыпIэхэм хурагъэшэну ягъэхьэзырахэм я фIагъхэр зыхуэдэр.

Абы и IэщIагъэлIхэм я дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэу УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэм ярищэм и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ. ЖыпIэнурамэ, илъэсым зэрыщIидзэрэ мыIэрысэу тонн мин 79,5-рэ ди республикэм ирашащ - нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъыбэ. КъыпачыжагъащIэу экспортым ягъакIуэ пхъэгулъ лIэужьыгъуэхэм я куэдагъми хэхъуащ а пIалъэм – тонн 500-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ираш пхъэщхьэмыщхьэм и куэдагъым зэрыхэхъуэм къыдэкIуэу, ахэр зыщэху щIыналъэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ хъууэрэ макIуэ. Ди республикэм къыпыщIа, ахэр нэхъыбэу зыхурагъашэ щIыпIэ гъунэгъухэм къахыхьащ къэралым и КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыпсэухэри. Псалъэм папщIэ, Приморскэ крайм, Бурятием, Еврей автономнэ округым я сату щIыпIэхэм ди пхъэщхьэмыщхьэхэр къыщыпхуэщэхунущ. Абыхэм нэмыщI, ди продукцэр зыхурагъашэ щIыналъэхэм къахыхьащ Донецк, Луганск республикэхэри

«Россельхознадзор»-м и IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ди республикэм ираш пхъэщхьэмыщхьэхэр зыхуэдэр ткIийуэ къапщытэ икIи «Мэкъумэш-промышленнэ комплексым и продукцэхэм я фIагъхэмрэ цIыхухэм ехьэлIауэ абыхэм къабгъэдэкIынкIэ хъуну шынагъуэхэр зыхуэдэмрэ къэпщытэнымкIэ къэрал центр» лабораторием иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ахэр псори щыIэ фитосанитар мардэхэм къотIасэ, узыфэхэр япкърыткъым икIи карантиным щIагъэкIуэн шынагъуэхэр халъагъуэркъым.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.