Спорт хъыбархэр![]() КхъуэIуфэ Дарэ и медалхэр Урысей Федерацэм зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэм я деж атлетикэ псынщIэмкIэ къэралым пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Чувашием и къалащхьэ Чебоксары щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн КхъуэIуфэ Дарэ. ЩIалэгъуалэм я зэпеуэм хэтащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 25-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 150-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 17 - 20 хъухэу. КъызэдэжэнымкIэ КхъуэIуфэ Дарэ зыхэта зэIущIэхэм медалитI къыщихьащ: метр 200-м - дыжьын, метри 100-м - домбеякъ медалхэр щызыIэригъэхьащ. Хъыджэбзыр зыгъасэр Къарэмырзэ Къантемырщ. Медаль 15 Киокушин-каратемкIэ Шиханым и кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Краснодар къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 600-м щIигъу. Къыхэдгъэщынщи, карате лIэужьыгъуэхэм ящыщу мыбы хуэдэу гуащIэу нэгъуэщIхэм зыщIыпIи щызэзауэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ зэхьэзэхуэм цIыху 17 щыIати, медаль 15 ди командэм къыхуахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Таттаевэ Iэминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 42,5-рэ), Беляев Арсен (кг 65-рэ), Асановэ Бэла (кг 60), Федоренкэ Владислав (кг 60), Бахъсэн Темырлан (кг 70), Жамбей Астемыр (кг 75-рэ) сымэ. Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Биткаш Емелъянрэ Давидрэ, КIэш Даут, Вэрокъуэ Энвер, Меркуловэ Александрэ сымэ. ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









