Щыналъэ зэпеуэр йокIуэкI![]() Урысей МВД-м и Налшык управленэм щекIуэкIащ «Полицейский дядя Стёпа» сабий творчествэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и къалэ Iыхьэр. Ар хуэгъэпсат ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум. Зэхьэзэхуэм и мурадыр къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм къулыкъу щыщIэным и пщIэр Iэтыным и закъуэкъым, атIэ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр дэIыгъынырщ, абыхэм я творчествэм зегъэужьынырщ. Зэпеуэр екIуэкIащ хэтхэр гупищу гуэшауэ: илъэси 6 - 8; илъэси 9 - 11; илъэс 12 - 14-хэр. Абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпащ пластилин, ятIагъуэ, тхылъымпIэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, картон, къэрэндащ, лэчрэ Iуданэрэ. Управленэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Шыдакъ Хъусен зыхэта комиссэм къыхихащ IэдакъэщIэкI нэхъ гъэщIэгъуэнхэр. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр Iэрагъэхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м, щIыналъэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хагъэтын папщIэ. БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|