ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуаунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей.

ЗэIущIэм щытеп­сэлъы­хьащ IэнатIэм мы зэманым ирихьэлIэу щызрагъэхъулIахэм, апхуэдэуи мы илъэсым къапэщыт къалэнхэм.
2024 гъэм ди щIыналъэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин 611-м нэблагъэ зэрыщатар къыхагъэщащ, ар проценти 9,2-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. Яухуащ фэтэр куэд хъу уни 141-рэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 240-м щIигъу хъууэ, ари процент 1,2-кIэ нэхъыбэщ илъэс ипэкIэ ятам нэхърэ. Уна­гъуэхэм яухуащ метр зэб­гъузэнатIэ мин 370-рэ зыу­-быд унэ 2725-рэ. 2023 гъэм ящIам нэхърэ процент 15,2-м щIигъукIэ нэхъыбэщ ар.
Ухуэныгъэ IэнатIэм лэжьыгъэу щызэфIагъэкIым проценти 7,2-кIэ хэхъуащ икIи ар сом мелард 43,6-рэ и уасэ ­хъуащ. Мыбы хохьэ лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр, ущып­сэуну дзыхьщIыгъуэджэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэ­IэпхъукIыным, къалэдэсхэм  я тыншыпIэхэр къызэгъэпэ­щыным, фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным пыщIа лэ­жьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
ПсэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм щыIэ щытыкIэр егъэ­фIэкIуэныр къалэн нэхъы­щхьэхэм ящыщу къонэж мы зэманми. БлэкIа илъэсхэм «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ зэфIагъэкIар мащIэкъым. Иджыпсту яухуэ Бахъсэн псы зэбгрышыпIэр икIи абы пыщIа ухуэныгъэхэр жылэ зыбжа­нэм занщIэу щрагъэкIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу бжьа­мийуэ километр 50-м щIигъу далъхьакIэщ.
Дызэрыт илъэсым псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мин ­579-рэ ятыну, фэтэр куэду зэхэт унэу 66-рэ къызы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну, жылагъуэ зэхуэсыпIэу ­38-рэ зэIузэпэщ ящIыну я ­мурадщ. ЩIалэгъуалэ зэ­чиифIэхэм папщIэ Налшык къыщрагъэжьа уардэунэм, лышх уз зыпкърытхэм щеIэзэ республикэ диспансерым, Тырныауз псы зэрагъэкъабзэу дащIыхьым я ухуэныгъэ­хэми пащэнущ, нэгъуэщI лэжьыгъэхэри ирагъэкIуэкIынущ. Азау хуеймрэ Iуащхьэмахуэ къуажэмрэ яку дэлъ коллекторым и ухуэныгъэхэр зэфIэкIащ.
Мы гъэм и етIуанэ мазихым «Коммунальнэ Iэна­- тIэм епха инфраструктурэр егъэфIэ­кIуэн» къэрал про­ектым ипкъ иткIэ цIыхухэм псы яхуэу­тIыпщыным, къагъэсэбэпар къыIушыным пыщIа ухуэныгъэу 20 ящIынущ е зэрагъэ­пэщыжынущ. Абыхэм ящыщу 15-р мы гъэм зэфIагъэкIын хуейщ, адрей тхур дызы­хуэкIуэ илъэсым кърагъэу­быдэну къапэ­щытщ.
КъищынэмыщIауэ, респуб­ликэм и къалащхьэм дэт ­унэ­хэр, IуэхущIапIэхэр къызэ­рагъэхуабэ Iэмэпсымэхэр гъэ­плъыгъуэ лъэхъэнэм зэ­ры­хуагъэхьэзырыну щIыкIэми тепсэлъыхьащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.06.2025 - 12:25

Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.

17.06.2025 - 09:04

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ.

17.06.2025 - 09:01

УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэу

17.06.2025 - 09:01

МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ.

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.