Къулыкъум щынэхъыфIхэр

Накъыгъэм и 13-р Урысей МВД-м и хъумакIуэ-конвой къулыкъур къыщы­зэрагъэпэща махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэ Крючков Вячеслав я махуэмкIэ ехъуэхъуащ а IэнатIэм и лэжьакIуэхэм, къыхэжаныкIахэм гулъытэ яхуищIащ. 

Полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав ФIыщIэ тхылъыр IэщIилъ­-хьащ КъБР-м щыIэ МВД-м жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ и полицэм и уна­фэщIым и къуэдзэ, полицэм и полков­ник Шаваев Арсен.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, Крюч­ков Вячеслав къыхигъэщащ министерствэм къыхуагъэува къалэнхэр зэ­фIэхынымкIэ а IэнатIэм и лэжьа­кIуэхэм я лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
- Махуэ къэс лэжьыгъэм къыщывогъэлъагъуэ фи IэщIагъэм фIыуэ зэры­хэфщIыкIыр, фызэрыхуэIэзэр. Си гуа­пэщ лэжьакIуэхэми ветеранхэми узыншагъэ быдэ, насыпрэ унагъуэ зэIузэ­пэщыгъэрэ фиIэну. ФIыщIэ фхузощI фи лэжьыгъэм папщIэ! - къыхигъэщащ министрым. 
Iуэхум пащэу, КъБР-м щыIэ МВД-м, Урысей МВД-м и район къудамэхэм я ­хъумакIуэ-конвой къулыкъум и лэжьа­кIуэхэу зи къалэнхэр хьэлэлу зыгъэзащIэхэм, ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэ­хьахэм щIыхь тхылъхэр иратащ. 

УАРДЭ Жантинэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.

14.03.2026 - 09:03

Щэбэт щIыхьэхур екIуэкIынущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъатхэпэм и 21-м хэгъэгупсо щэбэт щIыхьэху щекIуэкIынущ. Абы къыхэкIыну мылъкур нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунымкIэ фондым халъхьэнущ.

13.03.2026 - 12:00

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

 Кикбоксинг