ЦIыxy хьэлэлу дунейм тетыр зыщышына зауэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъеящ. Нэмыцэ фашистхэр ди щIым къихьащ ди къалэхэр, къуажэхэр щысхьырабгъу имыIэу зэтрагъасхьэу, лэжьакIуэ мамырхэр, сабийхэр, лIыжь-фызыжь дэIэпыкъуэгъуншэхэр гущIэгъуншэу зэтраукIэу, губгъуэм илъ гъавэр танк лъабжьэкIэ ирахыу, ди фабрикэхэмрэ заводхэмрэ, еджапIэхэмрэ сымаджэщхэмрэ зэтракъутэу. Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ди адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я псалъэр хуаунэтIащ къэхъуа бэлыхьыр цIыхум тэмэму ягурыгъэIуауэ, я къару псомкIи бий бзаджэм зэребэныным ахэр хузэщIэгъэуIуэным.
Зауэшхуэм теухуа тхыгъэхэм щIыпIэшхуэ шаубыд адыгэ литературэм. Зи Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, и щIыхьыр зэрыпхъуакIуэхэм зи псэм емыблэжу щызыхъума ди цIыху пэрытхэм я образ уардэ документальнэ тхыгъэхэм щызэфIэувахэр псэм дохьэ, гум къонэ, абыхэм яхэпщащ текIуэныгъэр зи фIыщIэ зауэлI мелуанхэм я гурылъ-гуращэхэр, я къарум, я зэфIэкIым и хэкIыпIэ хъуахэр, хьэл-щэн телъыджэ яхэлъахэр.
Зауэшхуэр къыхошыж ди адыгэ тхакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэм. Абыхэм ящыщщ ди курс лэжьыгъэр зытеухуэжа КхъуэIуфэ Хьэчим и повесть «Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ» жыхуиIэр. Мыпхуэдэ документальнэ тхыгъэхэм пэжагъ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжащ мин бжыгъэкlэрэ хэкIуэда сэлэтхэри, хэку иным и цIыху псоми зауаем и бэлыхьыр зэралъэIэсари. Зауэ зэманыр зыхуэдэр, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ди щIыналъэр шаубыдам цIыхум ятелъа гугъуехьхэмрэ хьэзабымрэ пэжу уи нэгу къыщIагъэувэж зи гугъу тщIы тхыгъэхэм. Документальнэ тхыгъэ дызытепсэлъыхьхэр щатха зэманкIэ зэтехуэркъым. Ауэ абыхэм пэжагъ хэлъу зи гугъу ящIыр гьащIэм щекIуэкIа Iуэхущ, абы хэта цIыхущ. Нэхъыщхьэу мы жанрым тет тхыгъэхэм тегъэщIапIэ яхуэхъур документхэрщ, архив материалхэрщ, лIыхъужьхэм я лэжьэгъуу, я цIыхугъэу щыта, дэзэуа цIыхухэм я гукъэкIыжхэрщ.
А мафIаем и курыкупсэм хэта Нало Ахьмэдхъанрэ Къардэн Бубэрэ я повестхэм къащхьэщокI КхъуэIуфэ Хьэчим и «зауэ» прозэр. ТхакIуэ лъэрызехьэу, критик IэкIуэ-лъакIуэу ди литературэм лъэ быдэкIэ хэтахэм ящыщщ КхъуэIуфэ Хьэчим. Абы и тхыгъэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щIэх-щIэхыурэ къыщыдэкIырт. Ар тхылъеджэхэм фIыуэ яцIыхурт и документально-художественнэ повестхэмкIэ, рассказ купщIафIэхэмкIэ, гумрэ псэмрэ дыхьэ усэхэмкIэ, очеркхэмкIэ. КхъуэIуфэр зэрытхакIуэ Iэзэм къыдэкIуэу, ар республикэм и критик нэхъыфIхэм хабжэрт. Ар анэдэлъхубзэми урысыбзэми зэхуэдэу фIыуэ ирилажьэрт.
Хьэчим ящыщт зауэм и Iугъуэмрэ гъуэзымрэ зи сабиигъуэр ишыуахэм, зи сабиинэ къабзэхэр гын Iугъуэм щIисыкIахэм. Ар лъэужьыншэу кIуэдакъым. Лъэпкъ литературэм псэ хьэлэлкIэ хуэлажьэ тхакIуэ, усакIуэ, журналист Iэзэ, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ я телъхьэ, хьэрэмагъ хэмылъу литературэм и курыххэм тэмэму, жьэнахуэу тепсэлъыхьыф критик КхъуэIуфэ Хьэчим и Iэдакъэм къыщIэкIащ зауэм теухуа тхыгъэ зыбжанэ. Абыхэм я нэхъыфI зыщ «Зауэм и IэпапIэхэр» тхылъыр. ТхакIуэм зэрызиумысыжщи, абы и тхылъым къыщиIуатэ хъыбархэм къигупсысауэ зыри яхэткъым. А псоми гъащIэм и пэжыр я лъабжьэщ. Гум къонэж «Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ» повестыр. Журналистыбзэ шэрыуэкIэ, гъэщIэгъуэну, удихьэхыу Хьэчим абы къыщеIуэтэж 115-нэ шудзэм и гъуэгуанэр къызэрапщытэжа щIыкIэр.
Тхылъым и пэщIэдзэм зэрыщыжыIамкIэ, а тхыгъэм еджэхэм ящыщ гуэрхэр мэзым щIэмытагъэнкIи хъунущ. Ауэ къыжыIапхъэщ, мэз псори мэзкъым. Хьэчими мэзыр жыг зырызу ибжу щIэтауэ аракъым, атIэ абы гу къабзэрэ псэ хьэлэлкIэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIа гъуэгу жыжьэ, гъуэгу хьэлъэ къызэпичащ. Езыр щIалэ дыдэу зауэм хиубыдащ. Зауэм и макъыр, и анэр зыгъеиж гъыбзэм и гъусэу абы зэхихащ. Лажьи-хъати зимыIэ и анэр щIэкIауэ къыздыщIыхьэжым, бийм и шэм гъуэгур кIэщI къыщищIащ. Абы щыгъуэ Хьэчим илъэсищ ирикъупатэкъым. Дунейм къытенащ зэдэлъхузэшыпхъу зеиншэу. Адэр псэут. Ар зауэм Iут пэтми, абы и жьауэр къалъэIэсырт. Ауэ япэ дыдэу Хьэчимрэ и шыпхъумрэ къалъэIэсащ я нысэ Лолэ и Iэ гуапэр. Хьэчим и анэ биишэм IэщIихар Лолэ и IэплIэ хуабэм илъу унэм щIихьэжащ. Апхуэдэу щIалэу къэна сабийм мэзыр жыг зырызу зэрызэхэтыр, цIыхум жыгым нэхърэ нэхъ къуэпс быдэкIэ зэпхауэ зэрызиIыгъыр дэнэ къыщищIар! ГъащIэм щызэблэкIыр лъагъуэ закъуэкъым. Абы гъуэгухэри щызэблокI. Хьэчим а къомыр хузэпычауэ къыщIэкIынкъым, ауэ абы псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зыгъэлажьэ акъыл, а акъылым жыжьэу игъаплъэу нэ жан иIэти, зы жыг къилъагъури, мэз кIыфIым кIуэцIрыплъыфащ.
КхъуэIуфэр пэжым, цIыхугъэм, Хэкум лъагъуныгъэ яхузиIэ цIыхухэм я телъхьэт. Дэ, абы нэхърэ нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми, хэт илъэгъуауэ пIэрэ цIыхум и гум телъ IэпапIэхэр? Зауэ бзаджэм и IэпапIэхэрщ лъэужь бзаджэ къытенауэ псоми ди гум телъыр. Ауэ Хьэчим и къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм уакъыщеджэкIэ, а IэпапIэхэм уIэгъэ цIынэу зыкъызэIуахыж. Жэщри махуэри зэхэзыгъэзэрыхьыжыну хэту вагъуэ зауэм щIэбэнхэм нэлат ярыдегъэх Хьэчим, жытIэмэ дыщыуэнукъым. Ар тхылъеджэм нэхъ къезыгъэцIыхуар и документальнэ прозэрщ (повестхэр, очеркхэр, рассказхэр). Хьэчим и тхыгъэхэм дагъэлъагъуж зауэшхуэм лIыгъэ щызэрахьэу, Хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щхьэузыхь хуэзыщIа лIыхъужьхэр, я насыпым къихьу, псэзэпылъхьэпIэ псоми къелу, мафIэ лыгъейми пхыкIыу, текIуэныгъэри я нэгу щIэкIыу, псэууэ зи лъахэ кьихьэжа зауэлI шыщхьэмыгъазэхэр. ТхакIуэр нэхъыбэу зэлэжьар тхыдэм, зауэ Iуэхум пыщIа, щэнхабзэм, литературэм теухуахэрщ.
ХЬЭНДЭХЪУ Азидэ.