Накъыгъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащхьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 37-м икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 30-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэ хъыбар къитащ Кавказ.РФ-м.
Накъыгъэм и 9 закъуэм,ТекIуэныгъэ Иным и махуэр щагъэлъапIэм, курортым щыIащ турист мини 5-м щIигъу. Абыхэм щхьэкIэ гукъинэжу нэгузыужь программэхэр зэхагъэуват, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, лъэпкъ IэпэIэсэхэм я мастер-классхэр хэту, «губгъуэ Iэнэхэри» абдеж щыхуагъэуват.
ЖыпIэнурамэ, гъэмахуэр къызэрыблагъэм щхьэкIэ къэмынэу, «Iуащхьэмахуэ» курортым иджыри бгым лыжэкIэ укъыщежэх хъунущ, апхуэдэ Iэмал щыщыIэ лъэхъэнэр абы и кIэм щынэсакъым. Псалъэм папщIэ, накъыгъэм хиубыда гуфIэгъуэ махуэхэм сноупаркым абы лэжьэн щыщIидзащ. Ар метр 4000 зи лъагагъ щIыпIэм тетщ. А псом къадэкIуэу, Урысей Федерацэм бгы-лыжэ спортымкIэ и командэ къыхэхам хэтхэм бгым и джабэ нэкIухэм зыщагъэсэнущ мы мазэм. Абы нэмыщI, бадзэуэгъуэм ди республикэм и къурш уардэм щыхьэщIэнущ фристайлымкIэ ди къэралым и спортсмен нэхъ лъэщхэр.
Гъэмахуэр къызэрысу Iуащхьэмахуэ лъапэ экологие лъагъуэхэр щрагъэжьэнущ, псори зэхэту километр 70 я кIыхьагъыу. Абыхэм хохьэ «105-нэ пикет», «ТекIуэныгъэм и лъагъуэ» тхыдэ лъагъуэхэри.
Хабзэ зэрыхъуауэ, гъэмахуэкум ирихьэлIэу «Elbrus World Race» фIэщыгъэр зезыхьэ, къэжыхьынымкIэ фестивалыр Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхашэнущ. Абы хыхьэ гъуэгуанэхэм нэхъ кIыхь дыдэу хэтыр бгым и хъуреягъкIэ къекIуэкIырщ, километри 137-рэ хъууэ.
«Iуащхьэмахуэ» бгы курортыр Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэщ икIи дуней псом фIыуэ къыщацIыху. Мыбдеж бгы-лыжэ гъуэгу зэхуэмыдэу 10 щолажьэ икIи лыжэкIэ къыщыбжыхь хъу бгыхэм ящыщу абы нэхърэ нэхъ ин УФ-м щыIэкъым. ЛыжэкIэ къэзыжыхьхэр нэхъ лъагэ дыдэу дэзышей кIапсэ гъуэгур, «Гарабаши»-р, километр 3847-кIэ Iэтащ.
ЩIымахуэр, къежэхыгъуэ лъэхъэнэр зэрикIыу, цIыху куэдым яфIэфIу зыщагъэпсэху нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм, къыщакIухь экологие лъагъуэхэм лэжьэн щIадзэ.
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.