ЩIалэгъуалэмрэ щэнхабзэмрэ

Иджыблагъэ Обнинск ще­кIуэкIа «ЩIалэгъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» уры­сейпсо зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэри.

Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр къа­гъэлъэгъуащ, утыку къралъхьа лэжьыгъэхэмкIэ увыпIэ нэхъыщхьэри къахьэхуащ. 
А зэпеуэр «Интеллект бу­дущего» академием илъэс къэс къызэрегъэпэщ, икIи мы гъэм 40-нэу зэхашэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы щыIащ щIыналъэ зыбжанэм щыщ еджакIуэхэр. Гупым нэхъы­жьу яхэтащ Сабийхэмрэ щIа­лэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я унэм и лэжьакIуэ Уэтэр Оксанэ. Зэпеуэм щыIа ДыщэкI Ясминэ, Костинэ Анастасие, Теппеев Али-  хъан сымэ фIыщIэ тхылъым и 1-нэ нагъыщэр, Джэ­ры­джэ Инал, Копыловэ Ангелинэ, Тхьэбысым Аделинэ сымэ  2-нэ нагъыщэр къы­хуа­гъэфэщащ.
Урысей псом щыщу зэпеуа ныбжьыщIэхэм ефIэкIар, ди гуапэ зэрыхъунщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэрщ. Инарыкъуей къуажэм щыщ ДыщэкI Ясминэ лъахэхутэ унэтIыныгъэмкIэ игъ­э­лъэгъуа лэжьыгъэр псом нэхърэ нэхъыфIу къыщIэ­кIащ. Япэ увыпIэр къызэрихьам папщIэ пщащэм къыхуагъэфэща саугъэтхэр абы къритыжащ академием и унафэщI Ляшкэ Лев. 
Мы текIуэныгъэр Ясминэ и щыпэкъым – 2024 гъэм екIуэкIа урысейпсо лъахэхутэ зэпеуэм япэ увыпIэр щиубыдауэ щытащ. Дохъуэхъу пщащэ жыджэрымрэ абы и гъэсакIуэ Хьэрэдурэ Эммэрэ. 

Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.02.2026 - 17:23

МурадыфIхэм хуэгъэпса зэхуэсыпIэщIэ

Урысейм щыяпэу ди республикэм щы­зэхэтащ социальнэ архитектурэм, жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхухэр щIэм тету зэтеухуэным, мурадышхуэхэм хуэгъэпса щIыналъэ сессиер.

13.02.2026 - 09:13

Я нэIэ зытетыпхъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм къыщапщытэжащ блэкIа илъэсым я лэжьыгъэм кърикIуахэр, яубзыхуащ законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэным ехьэлIауэ 2026 гъэм зэфIахыпхъэхэр.

13.02.2026 - 09:12

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр.

13.02.2026 - 09:10

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

12.02.2026 - 09:03

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.