Урысейм и Президент Путин Владимир «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» федеральнэ проектым мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхегъэщ

Мы проектыр Путин Владимир и пащхьэ щралъхьащ «Мэшыкъуэ-2018» щIалэгъуалэ зэхыхьэм. Президентым абы теухуауэ жиIащ: «Хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ».

«Фадэ щыземыкIуэ Урысей» стендым къыщагъэлъэгъуащ щIыналъэхэм ящыщу фадафэхэр гъэ­мэщIэным нэхъ жыджэру яужь итхэри, а Iуэхур Iэпэ­дэгъэлэл зыщIхэри. Проектым тету къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм фадафэхэр гъэмэ­щIэным хуэунэтIа рейдхэр щрагъэкIуэкI, спортым зыщыхуагъасэ утыкухэр къыщызэрагъэпэщ.
Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мы Iуэхум жылагъуэ лIыкIуэхэр зэ­рыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы жиIащ фадэм дихьэххэр къэралым нэры­лъагъуу нэхъ мащIэ зэ­рыщыхъуар.
«Дэ ди проектым Президентыр щыгъуазэ тщIыну икIи ар къызэрыщы­хъуар зэхэтхыну хуабжьу ды­хуейт. Къэралым и уна­фэщIым и псалъэхэм къагъэлъэ­гъуащ дэ ди гугъуе­хьыр зэрымыпщIэншэр, ­гъуэгу тэмэмым дызэрытетыр», - жиIащ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» проектым и унафэщI Хамзаев Сулъ­тIан.
Фадафэхэмрэ наркотик­хэм ятхьэкъуахэмрэ ебэны­ным теухуауэ «Фадэ щыземыкIуэ Урысей» фе­деральнэ проектым къы­щыхалъхьа Iуэхухэр щы-
­зэ­хуэхьэсыжа докладыр нэхъ япэкIэ иратащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Абыхэм яхэтщ фадэ зращэну хуитхэм я ныбжьым хэгъэхъуэным теухуа жэрдэм. Апхуэдэу проектым хэтахэм къалъытэ наркотикхэм ятхьэкъуахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжы­нымкIэ жыпхъэ пыухыкIахэр ягъэувын хуейуэ.
Докладым хэт къыкIэлъыкIуэ жэрдэмыр спортым зегъэужьынырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къыхалъхьащ псэупIэ хьэблэ­щIэхэм спортым зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр зэрыщаухуэу щыта хабзэхэм хуэкIуэжын хуейуэ. Апхуэ­дэу проектым хиубыдэу къа­гъэуващ хабзэм къе­мызэгъыу фадэ зы­щэхэм яхь жэуапыр ягъэ­ткIии-ну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.

18.07.2026 - 13:25

ЗыгъэпсэхупIэхэр къагъэщIэрэщIэж

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и минист­рым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ къэралым и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъэм и

18.07.2026 - 09:03

Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр

ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къытхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ комиссар Пахомов Дмитрий. Ар тепсэлъыхьащ «мобилизационный резерв» зыфIаща Iуэхур республикэм зэрыщекIуэкIым. 

18.07.2026 - 09:03

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.