Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артистхэм накъыгъэм и 6-м япэу ягъэлъэгъуащ Рощин Михаил и тхыгъэм къытращIыкIа «Эшелон» драмэ спектаклыр. Ар ягъэуващ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Спектаклым и режиссёрыр КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Толстовэ Евгениещ. Ар теухуащ Хэку зауэшхуэм и зэманым къуэкIыпIэм ягъэIэпхъуа, Москва и заводхэм щылажьэ цIыхубзхэмрэ абы-хэм я сабийхэмрэ. МафIэгу зэвым мазэ бжыгъэкIэ исын хуей хъуа цIыхубз къызэрыгуэкIхэм гугъуехь куэд къызэранэкIыну къапэщылът. Ахэр зэрымыцIыхуми, хьэл-щэнкIэ зэмыщхьми, я дуней еплъыкIэр зэтемыхуэми, зэкъуигъэуват зауэр мыгувэу иухыным теухуа гугъэфI зэраIэмрэ гъащIэм щынэхъыщхьэ цIыхугъэр яхъумэну зэрыхущIэкъумрэ. Бзылъхугъэхэр чэзууэ сабийхэм кIэлъоплъ, зэдопщафIэ, зэдошхэ, сымаджэхэм ядоIэпыкъу. КIэщIу жыпIэмэ, мафIэгур абыхэм пIалъэкIэ унэ яхуэхъуащ. А псоми къару зиIэу яхэтыр эшелоным и унафэщI щIалэм и закъуэщ.
Япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ, къэгупсыса мыхъуу, унагъуэхэм, къэралым я гъащIэр зыхъуэжа 1941 гъэм епха щэхухэм апхуэдизкIэ узыщIашэри, узыхэт зэманыр пщегъэгъупщэ. УIэгъэ хъуахэр е яукIахэр къыщымыгъэлъэгъуэжами, топышэ макъхэр къыщымыIуми, абдеж зауэр зэрыщекIуэкIыр, шынагъуэхэмрэ гугъуехьхэмрэ цIыху мамырхэм къазэрыщхьэщытыр, и гузэвэгъуэхэр къазэрылъэIэсыр нэрылъагъущ. Дэтхэнэри тогузэвыхь зауэм и зэранкIэ зыпэIэщIэ хъуа и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
Зауэм теухуа лэжьыгъэхэм къащхьэщыкIыу, «Эшелон» спектаклым нэхугъэкIэ, гушыIэкIэ, гугъэкIэ гъэнщIащ. Аращ театреплъхэм нэпс щIагъэкI къудей мыхъуу, я дыхьэшх макъи щIызэхэпхыр.
И нэгу щIэкIа Iуэхугъуэхэр лъабжьэ зыхуэхъуа тхыгъэр зи IэрыкI Рощин Михаил пьесэр и анэм тыгъэ хуищIащ, Хэку зауэшхуэм пхыкIа анэхэм, бзылъхугъэхэм, сабийхэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьам щыхьэт техъуэу.
Нэхъыщхьэращи, зэрыхабзэу, тхыдэм и гузэвэгъуэм теухуа спектаклым уримыгъэзэшауэ укъыщIокIыж. Ар и щыхьэтщ артистхэм я ролхэр къазэрехъулIам, мытыншми, къагъэлъэгъуэж зэманым хэтам хуэдэу зытепсэлъыхьхэр ди фIэщ зэращIыфам.
Зэманым жьы хуэмыщIыну мы лэжьыгъэм щIалэгъуалэр нэхъыбэу еплъын хуейщ, гъащIэм, мамырыгъэм, щхьэхуитыныгъэм, цIыхугъэм я уасэр зыхащIэн папщIэ.
Сурэтыр Къэрей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.