УзэлIалIэр къогугъуж

Адыгэбзэр нобэ зэрыува щытыкIэмрэ ди къэкIуэнумрэ иригузавэхэм я гур хэ­зыгъэхъуэж зэпеуэ иджыб­лагъэ щекIуэкIащ Лэскэн му­ниципальнэ щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм Щэн­хабзэмкIэ и унэм. Адыгэ тхакIуэ, узэщIакIуэ, IуэрыIуатэхутэ Исмел Уэздемыр и фэеплъу зэхаша, «ЦIыкIураш» зыфIаща хэгъэгупсо зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэр къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ ХьэтIокъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ «Адыгэбзэ Хасэм». 
Анзорей, Къугъуэлъ­къуей, Аргудан къуажэхэм дэт сабий гъэсапIэхэм къикIа гупищыр зэпеуащ гъэ­хуауэ, шэрыуэу псэлъэнымкIэ, щэныфIэу утыку итынымкIэ, теплъэгъуэм хэт цIыкIу­хэм ягъэлъагъуэ образхэм зэ­рихьэмкIэ, утыкур къы­зэрызэрагъэпэщамкIэ, макъамэмкIэ, къафэмкIэ. 
Театр Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпурэ, адыгэ IуэрыIуа­тэм щыщ теплъэгъуэхэр адыгэбзэ къабзэкIэ утыку къизыхьа сабийхэм уахэплъэну, уедэIуэну, уахэсыну хъуэп­сэгъуэт икIи гухэхъуэт. Iеймрэ фIымрэ къагурыIуэу, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ зэхащIыкIыу, гулъытэ яIэу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу, тэ­мэ­му гъэсауэ ахэр гъащIэм зэ­ры­хэтынум шэч къытепхьэртэкъым, апхуэдизкIэ Iущы­цэщ Лэскэн щIыналъэм и щIэблэри. 
Нарт эпосым, хъыбарыжь­хэм щыщ пычыгъуэхэр цIыкIухэм зэрагъэхьэзырар къэзыпщытэ гупым хэтащ тхакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент, ­ЩIДАА-м хэт Фырэ Анфисэ, Кэнжэ дэт Щэнхабзэмкlэ унэм и унафэщlым и къуэ­дзэ, гъэсакIуэ, егъэджакIуэ Тэтэр Iэминэ, Бахъсэн къалэм дэт 1-нэ прогимназием и гъэсакIуэ, психолог, логопед Къуэдзокъуэ Маринэ, Хьэтуей къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзор. 
Абыхэм гран-при увыпIэ лъа­гэр хуагъэфэщащ иныжь­хэм ядыгъуа Мэлы­чыпхъу, нарт лIыхъужьхэм къы­зэрахьыжар екIуу къэзыгъэлъэгъуа, Къугъуэлъкъуей жылэм къикIа гупым. Япэ увыпIэр иратащ Аргудан и лIыкIуэхэм, етIуанэр – Анзорей гупым. 
- Адыгэ сабий гуп адыгэбзэ къабзэкIэ псалъэу куэд щIауэ срихьэлIатэкъым. Урысей къэралыгъуэм дыщы­щыпсэукIэ, урысымрэ балъкъэрымрэ къыщыддэгъуэгу­рыкIуэкIэ, абыхэм дагурыIуэн папщIэ псоми урысыбзэр тIурылъын хуейщ. ИкIи, хуэм-хуэмурэ, ар сабийхэм гъуазэ яхуохъури, анэдэлъ­хубзэр яIэщIоху. Адыгэр ап­хуэдэ щытыкIэ диуващ ноби, къалэ дэнэ къэна, къуажэдэс цIыкIухэр анэдэлъхубзэкIэ псалъэу зэхэтхмэ, дыгуфIэу дыкъэнащ. ИкIи ар бзэм, щэнхабзэм, тхыдэм елэжь дэтхэнэ зым дежкIи гузэвэгъуэшхуэщ. Абы къыхэкIыу, ди щIэблэм адыгэбзэр езыгъащIэ адэ-анэхэм, гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм фIыщIэ лей яхуэфащэу къызолъытэ. СыгуфIащ, сыгушхуащ, си щхьэр лъагэу слъагъужащ нобэ. Мы махуэр зыгъэщIэрэщIа сабийхэм зэи ягу ихужынукъым зыхэта Iуэхугъуэр, абы щагъэлъэгъуа теплъэгъуэр, къыщапсэлъа псалъэхэр, ягъэ­зэщIа ролхэр. Абы и фIыгъэкIэ цIыкIухэр эпосым щыгъуазэу, IуэрыIуатэм дигъэцIыхуж лIыхъужьхэм я цIэхэр ящIэу къэтэджынущ. ИкIи фIыщIэ лей хуэсщIыну сыхуейт «Адыгэбзэ Хасэм» и унэфIэщI Табыщ Муратрэ ХьэцIыкIу Раерэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэ къызэрыхалъхьам, бзэм хуалэжьым папщIэ, - жиIащ къэпщытакIуэ гупым и унафэщIу зэIущIэм хэта Фы­рэ Анфисэ къыщыпсэ­лъам. 
Зэпеуэм кърихьэлIа, хэта псоми захуигъазэу, ХьэцIыкIу Рае къыщыпсэлъам жиIащ: 
- Сабийм удэлэжьэныр, бгъэ­сэныр, гъуэгу захуэ тебгъэувэныр езыр Iуэху тыншкъым. Абыхэм я бзэр яIэ­щIэ­мыхуу къэбгъэтэджын жы­хуэпIэр нэхъ хьэлъэжщ. Фэ­рэ дэрэ нобэ къалэнышхуэ ди пщэм къыдохуэ - адыгэр зэрыщыIэ илъэс мин бжыгъэхэм къриубыдэу ипсыхьа хабзэмрэ бзэмрэ тхъумэну. ИкIи «Адыгэбзэ Хасэм» иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр псори зыхуэгъэзар ди щIэблэм анэдэлъхубзэр къагъэ­сэ­бэпынымрэ яхъумэнымрэщ. Абы къыхэкIыу, фIыщIэ хуэс­щIыну сыхуейт ди нобэрей зэпеуэм хэта гупищыр зыгъэхьэзыра, абыхэм ядэл­э­жьа гъэсакIуэхэмрэ ахэр къыз­дикIа гъэсапIэхэм я унафэщIхэмрэ. Хабзэр пхузехьэнукъым бзэр умыщIэу. ИкIи а бзэр нобэ ди щIэблэм IэщIэдгъэхурэ, иужькIэ зыкъэтщIэжу деныкъуэкъужкIэ мыхьэнэ иIэжынукъым. 
Зэпеуэм хэтахэм фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ ирата нэужь, псоми зэщIыгъуу сурэт зытрагъэхащ. Абы хэта егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ щхьэхуэу зэхыхьэжри, я лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зэчэнджэщащ. 
Тамбий Гуащэмахуэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.