IэнатIэщIэм ехъулIэныгъэ щиIэну

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Сабийхэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ. 

Бэдракъ Iэминэ мэлыжьыхьым и пэм а къулыкъум теува къудейщ. ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ сабийхэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэным, цIыхубэм я зыужьыныгъэм хуэунэтIа проектхэм, ахэр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэм. КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым зэIущIэм щытепсэлъыхьыжащ. ­Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ я псэукIэкIэ щытыкIэ гу­гъум ихуа унагъуэхэм щыщ сабийхэм. Я гугъу ямыщIу къэнакъым дзэ Iуэху хэхам щыIэхэмрэ абы и ветеранхэмрэ я бынхэми. 
Бэдракъ Iэминэ иджыри къэс щылэжьащ Налшык лэ­жьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и центрым ­сабий унэншэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ мыхъумыщIагъэм щыхъумэнымкIэ и къудамэм и унафэщIу. ЩытыкIэ гугъум ихуа, узыфэ хьэлъэ къызэуз, адэ-анэ зыщхьэщымытыж ­сабий сымаджэхэм зэрызыщIагъэкъуа псапащIэ проект куэд ирагъэкIуэкIащ Iэминэ и жэрдэмкIэ. «ДяпэкIи ап­хуэдэхэр ядэтIыгъынущ», - етх республикэм и Iэтащхьэм. 
КIуэкIуэ Казбек Бэдракъ Iэминэ хэлъ гудзакъэм, сабийхэмрэ жылагъуэмрэ папщIэ иригъэкIуэкI псапащIэ лэжьыгъэхэм щхьэкIэ фIыщIэ хуищIащ, ехъулIэныгъэ иIэу и IэнатIэр ирихьэкIыну ехъуэхъуащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.