Ислъэмей къуажэм ныпыр щохуарзэ!

Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зытет Iуащхьэм и IуплъапIэр адыгэ ныпым и теплъэмкIэ гъэщIэрэщIащ. Ар республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм, хьэщIэм ирагъэлъэгъун яфIэфIхэм ящыщщ. Апхуэдэ зы щIыпIэ дахэ иджыблагъэ къыщыунэхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Ислъэмей къуажэм, Уэзрокъуэ и джабэкIэ зэджэм деж ди ныпым и теплъэр храгъэубыдащ. Ар щIыуэпсым йокIу, къуажэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ хъуащ. Шабзищ зэпрыдзым ищхьэкIэ вагъуэ пщыкIутIыр къыщолыд. И гупэмкIэ адыгэ ныпхэр щыхатIащи, лъагэу Iэтауэ жьым дохуарзэ. Абдежым щагъэтIылъащ «Псэм ипэ – напэ» псалъэхэр зытет мывэшхуэр. Ислъэмей къуажэм апхуэдэ щIыпIэ екIур къыщыунэхуным теухуауэ гугъэ дахэ зыкъом щIауэ яIэт ГъукIэ Мухьэмэд и щIалэхэм. Зэшихым я гум щытIыгъуа мурад-гупсысэр нэрылъагъу хъуащ. Къуажэм къыдэхута дахагъэм теухуауэ депсэлъыщ ГъукIэ Валерэ. Валерэ хьэрычэтыщIэщ, къуажэм щегъэлажьэ псэуалъапхъэхэр щащэ тыкуэн. Езыр адыгэпсэщ, игъащIэ лъандэрэ я унагъуэм илъ адыгагъэр и гъуазэу.

- Валерэ, ныпым и теплъэр зэрывгъэувам, абы хуэфэщэну щIыпIэр къызэрыхэфхам и гугъу уэзгъэщIынут…

- Уэзрокъуэ джабэ лъапэм деж япэу щыс унагъуэр дэращ. Зэших дохъу, сэ сынэхъыщIэщи, лъапсэм сисщ. Куэд щIауэ зэкъуэшхэм дигу илът, дыщIэхъуэпсырт джабэ нэкIум ди лъэпкъ ныпым и теплъэр хэтщIыхьыну. Иджы ди Iуэху хуэхъуати, гурылъу диIар дгъэзэщIащ. Ныпым и теплъэр щытщIым щапхъэ тхуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым апхуэдэ зэрыщыIэр. Къуэш республикэм мы Iуэхум теухуауэ запытщIащ, чэнджэщи къыдатащ. Джабэ нэкIум къыхэщ ныпым дэфтэр хузэдгъэпэщыни хуейщ.

Мыри жысIэнут, дыщыпсэу щIыпIэм и гугъу щысщIкIэ… Ди лъапсэм и гупэкIэ ЩихъыкхъэкIэ зэджэр иIэщ. НэхъапэIуэкIэ ари гъущI хъар дахэкIэ къэтхухьащ, къабзэлъабзэу щытын папщIэ. ЩIыпIэ щхьэхуэхэм, дамыгъэхэм пщIэ хуэщIыныр ди лъэпкъ гупсысэкIэм хэтщ. Ди сабиигъуэм, сощIэж, щIалэжь цIыкIу дрийпсрийхэм ящыщ щихъыкхъэм ихьамэ, къыщижыхьамэ, абы иту къемызэгъыу зищIамэ, абы егъэлеяуэ ущие гуащIэ къилэжьынут.

- Джабэ нэкIум щытлъагъур къызыхэщIыкIар сыт?

- Ныпхэр къэдабэ щэкIщ. Вагъуэхэр, шабзэхэр гъущIым къыхэщIыкIащ. Пэжым ухуеймэ, ахэр илъэс ипэкIэ дгъэхьэзырри дгъэтIылъат. Iуэхум щIэдзапIэ хуэхъунум дегупсысурэ щылъащ. Арати, гупыж тщIащ мэлыжьыхьым и 25-м, Адыгэ ныпым и махуэр щыдгъэлъапIэм ипэ къихуэу, къызэдгъэпэщыну. Мыр лъэпкъ ныпым и махуэшхуэм дызэрыпежьа Iуэхущ. Тхьэм жиIэмэ, махуэшхуэм ирихьэлIэу къызэIутхынущ, гуфIэгъуэ дауэдапщи едгъэкIуэкIынущ.

Ныпым и теплъэр джабэм тредгъэубыдэным теухуауэ ди ныбжьэгъухэр, хьэблэ щIалэхэр сэбэп къытхуэхъуащ икъукIэ. Дэтхэнэми фIыщIэ хузощI. Бэрэздж Лиуан и цIэр къисIуэну си гуапэщ. Зы махуэ къэмынэу къэкIуащ, Iуэхур здынэсам щIэупщIэу, сэбэп хъууэ, гупсысэрэ чэнджэщрэ къыхилъхьэу.

- Адыгэ ныпым теухуа гукъэкI дахэр щыфщIакIэ, лъэпкъ Iуэхум фегъэпIейтей зэшхэр. Сыт уэркIэ адыгэу ущытыным къикIыр?

- Дунейм теткъым лъэпкъым и пщIэр пIыгъыу упсэуным нэхъыфIи, нэхъ льапIи. «Къэзылъхуам хуэфащэщ къыпхужаIамэ», - абы нэхъ пщIэ лъагэ щыIэу къыщIэкIынукъым. Лъэпкъ Iуэхур дигу илъу, адыгэ хабзэр дгъэлъапIэу, захуагъэм дытету дагъэсащ. Ди адэ-анэр щапхъэ дахэ тхъуэхъуащ а псомкIэ. Я псалъэхэр дигу илъу, я IуэхущIафэу щытахэр гъуазэ тхуэхъуу допсэу. ЦIыху пэжу, пщIэ иIэу, IуэхукIэ къимыкIуэту щытащ ди адэр. Псалъэ Iущу къыджиIахэм гъащIэр щыхьэт тохъуэж куэдрэ.

- ЦIыху куэд зыщыгуфIыкI Iуэху дахэр махуэ тхьэм ищI!

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг

08.02.2026 - 09:03

Иджыри зы щIалэгъуалэ къудамэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым къыщызэIуахащ къэралым и щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы - «Урысей зэкъуэтым и ЩIэблэ гвардие» урысей