«Зэныбжьэгъугъэ-2025»-р гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж

«Акрополь» хьэщIэщым щы­зэхуащIыжащ илъэс зыб­жанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныб­жьэгъу­гъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм.

Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ ­КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Енин Евгенийрэ. 
«Зэныбжьэгъугъэ-2025» Iуэ­хум хэта щIалэхэмрэ я Iыхь­лыхэмрэ хьэщIэщым щызэхуэсат. Апхуэдэу абы ирагъэблэгъат щIыналъэм и министерствэхэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я уна­фэщIхэр, республикэм и ­къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я Iэтащхьэхэр, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
ХьэщIагъэ хабзэр къагъэ­щIэрэщIэжын, нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхун, лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр ягъэ­быдэн папщIэ хьэщIапIэ щыIа щIалэхэмрэ ахэр езыгъэблэгъа бысымхэмрэ утыкум чэзууэ ирашащ, я махуэхэр зэрагъэкIуам трагъэпсэлъыхьыну, Iуэхум хэтахэр ягъэлъэпIэну. 
Бысымхэм фIыщIэ хуа­щIащ къахуеблэгъа щIалэхэр я деж щыIэм хуэдэу зэрагъэ­хьэщIам, гулъытэ зэрыхуа­щIам, апхуэдэу къуажэ, унагъуэ хамэхэм дзыхь зыщIу зи бын хьэщIапIэ зыгъэкIуа, жэ­уаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэху дахэм хэта дэтхэнэми. 
ХьэщIапIэ щыIа щIалэхэр тепсэлъыхьыжащ бысымхэр гуапэу къазэрыIущIам, гукъи­нэжу зэрагъэхьэщIам, я махуэхэр щIэщыгъуэу, нэгу­зыу­жьу зэрагъэкIуам, «Зэныб­жьэ­гъугъэ» Iуэхур ягу ­зэры­ды­хьам. НыбжьыщIэхэр зэ­­­ры­цIыхуащ, курыт еджапIэм зэгъусэу кIуащ, унагъуэ Iуэхухэр зэдащIащ, бысымхэм я гъащIэр, хабзэхэр, лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыхуэдэр зрагъэщIащ, загъэпсэхуащ, дя­пэ­кIи зэрыгъэныбжьэгъуну, зэкIэлъыкIуэну, жып телефонкIэ зэрыщIэну зэрамурад­ри къыхагъэщащ.
Зэхыхьэм хэта щIалэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ ира­тащ, Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм къабгъэдэкIыу.
- Iуэхум хэта унагъуэхэм я пщэрылъхэр ягъэзэщIэныр къайхъулIащ. Дауи, тыншкъым умыцIыху унагъуэм уи бын хьэщIапIэ бгъэкIуэну. Бы­сымхэри елIэлIащ щIалэхэр екIуу зэрагъэхьэщIэным, - жи­Iащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор. – ФIыщIэшхуэ фхузощI республикэм ще­кIуэкI Iуэхум къыпэджэжа, абы хэта дэтхэнэ зы унагъуэми. Лъэпкъхэр дызэкъуэзы­чыну зи мурадхэм мыпхуэдэ IэмалкIи дапэщIэтыфынущ! ФIыщIэ лей хуэсщIыну сы­хуейщ илъэс еплIанэ хъуауэ мы Iуэхум жыджэру хэт, Хьэ­бэз къуажэм щыщ Кайгермазовхэ я унагъуэм. Iуэхум зэ­дыхэта щIалэхэр курыт еджапIэ нэужьым зы еджапIэ зэ­гъусэу зэрыщIэтIысхьам и щап­хъэхэр диIэщ. Ар и щы­хьэтщ мы лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
- Ди адэжьхэм къытхуагъэна, щIэблэр зыщIапIыкIыу къе­кIуэкI, ди лъапIэныгъэхэм щы­щу къалъытэ хьэщIагъэ хабзэ дахэр зи лъабжьэ мы зэхыхьэр къызэзыгъэпэща ми­нистерствэм фIыщIэ хуэфащэщ. Хабзэм идэртэкъым хьэщIэр щежьэжынумкIэ уеуп­щIыну, ар емыкIуу къалъытэрт. Ди республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъ куу, быдэ зэрыхъум укIэлъыплъыну гуапэщ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий. – Хабзэ дахэр къэгъэщIэ­рэ­щIэжыным хэта унагъуэхэр Тхьэм фигъэпсэу! Лъэпкъхэр дызэкъуэзыгъэувэ хабзэхэр адэкIи дывгъэхъумэ! Ди щIыналъэм щыпсэухэм я мызакъуэу, лъэпкъ 200-м нэблагъэ зэрыс ди къэралми мы Iуэхум гъуэгу щигъуэтамэ фIыт. ДяпэкIи фызэрылъытэ, фы­зэ­­рыIыгъ, фызэкIэлъыкIуэ!
Iуэхум хэта адэ-анэхэм ар къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбы­дэ­ным зэрыщхьэпэм папщIэ.
Пшыхь гуапэр ягъэдэхащ Музыкэ театрым и уэрэ­д­жыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зи­Iэ и артисткэ Бэрэгъун Марианнэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и ­артист Теппеев Алим, ­КъБКъУ-м лъэпкъ къафэхэмкIэ щап­хъэу къалъыта ­«Къафэ» ­ансамблым, эст­радэ къа­­фэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Арабеск» ансамблым, къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Насып» ансамблым я артис­тхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.09.2026 - 09:19

Щапхъэу щIэблэхэм къахуэнэнущ МэшбащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мей­къуапэ щызэхаша, тхакIуэ цIэрыIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшу щыта, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхь

10.09.2026 - 09:14

Ди адэхэм я щIыналъэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм Ткаченкэ Анд­рей и цIэр зезыхьэм, гъэ­лъэ­гъуэныгъэ телъы­джэ щокIуэкI.

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ.