Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэм. 
ЖыпIэнурамэ, дин лэжьакIуэ Циканов Мухьэдин-Хьэжы и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъур ягъэлъапIэу бэнэкIэ хуитымкIэ ди республикэм щекIуэкIа 7-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэм килограмм 32-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэн Къылъшыкъуэ Расул. Абы нэмыщI, Космонавтикэм и махуэр ягъэлъапIэу а спорт лIэужьыгъуэмкIэ Налшык къалэм щызэхэта щIыналъэ зэхьэзэхуэми бахъсэндэсхэр къыщыхэжаныкIащ. 
Япэ увыпIэхэр къахьащ Дыгулыбгъу Амир, Бейтыгъуэн Алихъан, ЛIыгъур Даниял, Умар Маирбэч сымэ. Ещанэ хъуахэщ Мамхэгъ Темболэт, Абеикъуэ Ибрэхьим, Къетыкъуэ Iэбубэчыр, Шакъ Мухьэмэд, АфIэунэ Аслъэн, Бахъсэн Имран, БжыкIший Ислъам сымэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэр 2010 - 2015 гъэхэм къалъхуахэрщ. Ахэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ ПщыукI Артур, Бэрэгъун Рустам, Джэрыджэ Альберт, Къардэн Ашэмэз сымэ.
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ екIуэкIа зэIущIэхэми бахъсэндэсхэр щыхуэмыхуакъым. Псалъэм къыдэкIуэу, Шэджэм къалэм и спорт комплексым щызэхэта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м спортымкIэ и мастер Аджий Аслъэн и фэеплъ зэхьэзэхуэм домбеякъ медалхэр къыщахьащ Бахъсэн къалэм и спорт еджапIэм и гъэсэнхэу Лосэн Кемранрэ (кг 48-рэ) ЛампIэжь Амиррэ (кг 62-рэ). Абыхэм я тренерхэр Иуан Аслъэнрэ Къаскъул Ислъамрэщ. 
УФ-м лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и отличник Алексеев Басанг и фэеплъ зэхьэзэхуэу Къалмыкъым и къалащхьэ Элиста самбэмкIэ щрагъэкIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэми щыIащ Бахъсэн къалэм Щауэ Iэхьед и цIэр зэрихьэу дэт спорт еджапIэм и гъэсэну 13. Ди спортсменхэм я гъусэу абы щыбэнащ Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ я щIыналъэхэм я спортсмен 200-м нэблагъэ. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыжьын медалхэр къыщахьащ Ташу Рэмэзан, Хьэмырзэ Аслъэнбэч, Къашыргъэ Самир, Дэжыг Дамир сымэ. Ещанэ хъуахэщ ЛампIэжьхэ Амирланрэ Ислъамрэ, СантIыкъ Мухьэмэд сымэ. Куржы Саид, Маргъущ Къантемыр, Дрогуэ Амырбэч, Нэгуэр Алан, ЩоджэнцIыкIу Къантемыр сымэ медалхэм нэсыным зы лъэбакъуэ къахуэнэжауэ я зэIущIэхэр ирагъэхьащ. Мыдрейуэ, техникэ нэхъыфI зиIэ бэнакIуэу Ташу Рэмэзан зэхьэзэхуэм къыщалъытащ.
Апхуэдэуи Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэу Налшык къалэм щрагъэкIуэкIам Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм медаль 14 къыщахьащ, абыхэм ящыщу 5-р дыщэу, 4-р дыжьыну, 5-р домбеякъыу. Зэхьэзэхуэм ахэр хуагъэхьэзыращ Къарэмышэ СулътIан, ПшынащIэ Мурат, Жанкъазий Мухьэмэд, ЩоджэнцIыкIу Азэмэт сымэ. 
Грэпплинг спорт лIэужьыгъуэм дихьэххэри абы зыхуэзыгъасэхэри щымащIэкъым Бахъсэн къалэм. ЖыпIэнурамэ, Налшык къалэм иджыблагъэ щызэхэта урысейпсо зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ Быф Жэмал и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм я деж япэ увыпIэхэр къыщахьащ Щоджэн Амаррэ (кг 27-рэ) Къардэн Къаплъэнрэ (кг 30). ЕтIуанэ хъуахэщ Мэремкъул Амир (кг 73-рэ), ГъущIынэ Имран (кг 59-рэ), БжыкIший Аслъэн (кг 30) сымэ. Алмэ Идаррэ (кг 34-рэ) Шыбзыхъуэ Каземиррэ (кг 50) домбеякъ медалхэр къахьащ.
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 мы гъэм зэрырикъур ягъэлъапIэу Iэпщэрыбанэ спортымкIэ зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм щрагъэкIуэкIащ. Бахъсэндэсхэр абыи жыджэру хэтащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм я деж япэ увыпIэхэр къыщахьащ Мэлыхъуэ Астемыррэ Джэху Къантемыррэ. Ещанэ хъуахэщ Хьэмыкъуэ Амир, Къэшэж Залым, Батырдэгу Темырлан сымэ. Ди командэм и тренерыр Къармокъуэ Аскэрщ. 
Урысей Федерацэм киокушин-каратемкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ мы махуэхэм икIи Биткаш Ашуррэ (кг 42,5-рэ) Таттаевэ Аминэрэ (кг 40) медалхэр абы къыщахьащ, япэм ейр дыщэу, етIуанэм - дыжьыну. Абыхэм я тренерхэр Биткаш Емельянрэ Меркулов Александррэщ, зыщагъасэр Быф Жэмал и цIэр зезыгъэ спорт еджапIэрщ.
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъыным хуэунэтIа псапащIэ Iуэхугъуэу сумомрэ мас-рестлингымкIэ зэхьэзэхуэхэр Налшык къалэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ спортсмени 100-м щIигъу. Бахъсэндэсхэм а зэхьэзэхуэхэм медалибгъу къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Урыс Амырбэч, Дал Алан, Гугу Анатолэ (сумо), ЩоджэнцIыкIу Адалинэ, Мэржэхъу Марьянэ сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр къахьащ Мэржэхъу ФатIимэ, Таукъан Елдар, Къуэдзокъуэ Ахьмэд сымэ. СумомкIэ ещанэ хъуащ Гугу Аслъэн. Командэм и тренерыр ЛампIэжь Алимщ. 
Кавказ Ищхъэрэм стIолыщхьэ теннисымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэми бахъсэндэсхэр къыщыхэжаныкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныбжьыщIэхэм я командэ къыхэхам хэту гупхэм я зэпеуэм ещанэ щыхъуащ Ерыжокъуэхэ Сулеймэнрэ Мансуррэ. Абыхэм я тренерыр Джэдгъэф Ахьмэдщ. 
ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2025 - 09:44

ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуаунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей.

16.05.2025 - 09:42

Къулыкъум щынэхъыфIхэр

Накъыгъэм и 13-р Урысей МВД-м и хъумакIуэ-конвой къулыкъур къыщы­зэрагъэпэща махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м.

16.05.2025 - 09:41

Зауэ бзаджэм и IэпапIэхэр

ЦIыxy хьэлэлу дунейм тетыр зыщышына зауэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъеящ.

16.05.2025 - 09:39

Сыт щыгъуи куэдщ

Накъыгъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащ­хьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 37-м икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхър

15.05.2025 - 15:02

Сом меларди 5,1-рэ

2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 71-м я хьэрычэтыщIэ мини 2-м нэблагъэм МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэр къагъэсэбэпу къэралым кредит мащIэхэр зыт и IуэхущIапIэх