Лышх узыфэхэмкIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм и дохутырхэр щагъэгъуэзащ рентгенохирургием теухуауэ яIэ иужьрей къэхутэныгъэхэм. Ар лышхыр къызэрахутэ, зэрагъэхъуж Iэмалщ. Мастер-классхэм хэтащ Севастополь къалэм, Кърым, Адыгэ, Къалмыкъ республикэхэм, Ростов областым я онкологхэр.
- ЩIэныгъэм и иужьрей псалъэу къэунэхуа рентгенэндоваскуляр, рентгенохирургие IэмалхэмкIэ лышх узыфэр догъэхъуж. Ар къэунэхуагъащIэми, къытригъэзэжами, зиубгъуами зэхэдз тщIыркъым - сыт хуэдэ лIэужьыгъуэми урипэщIэ-тыфынущ. УпэщIэтым и закъуэкъым, къыщIидзагъащIэ лышхыр тыншу кърипхутэфынущ, - жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАН-м и академик Кит Олег.
ЩIэныгъэлIхэм Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм къикIа дохутырхэм ирагъэлъэгъуащ рентгенохирургием и Iэмалищ.
Япэр теухуащ бгъэр, простатэр, пщэм хэлъ железар, кIуэцIыр, бгъэгур лышхым иубыдамэ, УЗИ-мрэ компьютер томографиемрэ къагъэсэбэпу анализ къызэращтэ «трепан-биопсие» жыхуиIэм. ЕтIуанэмкIэ зэтраублэж тхьэмщIыгъумрэ зэзымрэ зэ- пызыщIэ, сэхураныр зэрызекIуэ хуэхэмрэ (проток) я лэжьыгъэр. Ар къагъэсэбэп операцэ пщIыуэ лышхыр къыщыпхухэмыхынухэм деж. Лъынтхуэхэм стент зэрыхагъэувэм хуэдэу, сэхура-ныр хуиту зекIуэфын хуэдэу гъущI хъар хагъэувэ. Iэмал ещанэр хуэгъэпсащ тхьэмщIыгъум. Абы лышх хищIамэ е зритыжамэ, операцэ пщIынкIэ Iэмал имыIэмэ, хуабэкIэ еуэурэ ягъэкIуэд.
- А Iэмалхэм дытепсэлъыхь и закъуэ мыхъуу, зэрыдгъэIэкIуэри едгъэлъэгъуащ дохутырхэм. Ахэр къызэрагъэсэбэпым, кърикIуэнкIэ хъунум, зэмызэгъынухэм ятеухуауэ къэпсэлъащ ди щIэныгъэлI Мезенцев Станислав. ИужькIэ а операцэхэр зэрагъэзащIэр едгъэлъэгъуащ. Гуапэ зэрыхъунщи, ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа дохутырхэм яфIэгъэщIэгъуэнт ябгъэдэтлъхьэр, икIи къагурымыIуэхэмкIэ къытщIэупщIэу дызэдэлэжьащ, - жиIащ рентгенэндоваскуляр IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэщI Егоров Георгий.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы зэIущIэр «ГъащIэ кIыхь, гъащIэ узын-шэ» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иту къызэрызэрагъэпэщар. ЗэрыжаIэмкIэ, мы илъэсыр имыкI щIыкIэ ипщэ щIыналъэхэм къыщагъэсэбэпу щIадзэнущ Ростов къраха IэмалыщIэхэр.
Фырэ Анфисэ.