ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр

Урысей парламентаризмэм и махуэм ирихьэлIэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» уры­сейпсо щIалэгъуалэ зэхьэ­зэхуэм и етIощIанэ щIыналъэ Iыхьэр.

А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэу­жьы­нымрэ хъыбарегъащIэ Iуэху­хэмкIэ комитетым и унафэщI Текуев Амырбий, ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымрэ ветеранхэм я IуэхухэмкIэ комитетым и уна­фэщIым и къуэдзэ Безгодькэ Владимир, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, зэхьэзэхуэм зи къару щеплъыжахэм  я гъэсакIуэхэр.
2025 гъэм зэпеуэм ирагъэхьащ лэжьыгъэ 30-м нэблагъэ. Нэхъ жыджэру абы хэтащ Налшык ­къалэм, Тэрч, Шэджэм районхэм я курыт школхэм щеджэхэр. 
Зэхьэзэхуэр Iыхьи 9 гуэшауэ щытащ: «Къалэухуэмрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ», «Зыхъумэ­жыныгъэмрэ шынагъуэнша­гъэм­рэ», «Бюджет, налог, финанс хабзэхэр», «Экономикэ зыу­жьыныгъэр», «Егъэджэныгъэ», «ЩIалэгъуалэ Iуэхухэр», «Спортымрэ туризмэмрэ», «Социаль-нэ политикэ», «Щэнхабзэ».
Япэ увыпIэр къахьащ цIыхуи­плIым ягъэхьэзыра лэжьыгъи­щым. «Бюджет, налог, финанс хабзэхэр» Iыхьэм пашэ щыхъуащ «ЦIыхум лы лей къищтэным ­къы­хухэкI узыфэхэм УФ-м щыпэ­щIэ­тыным теухуа хабзэ гъэбелджылыным и IуэхукIэ: фастфудым налог телъхьэнымрэ нэгъуэщI Iэмалхэмрэ» зыфIаща лэжьыгъэр. Ар ягъэхьэзыращ Налшык къалэм и курыт еджа­-пIэ №3-м и 11-нэ классым щIэс ШкIэжь Азэмэтрэ 10-нэ клас-  сым щеджэ Эльбрусовэ Хади­жэрэ.
«ЩIалэгъуалэ Iуэхухэр» Iыхьэм щынэхъыфIу къалъытащ «ЩIалэгъуалэр: лIэщIыгъуэм къып­хыкIа еплъыкIэ» лэжьыгъэр. Ар и IэдакъэщIэкIщ Нартан къуажэм и курыт школ №2-м и еянэ классым щIэс Урыс Салимэ. 
«Социальнэ политикэ» Iыхьэм къыхэжаныкIащ «УФ-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхур зэрыщы­зэфIахыр егъэфIэкIуэн» лэжьыгъэр. Ар зыгъэзэщIар Налшык школ №7-м и 11-нэ классым щеджэ Сафроновэ Аннэщ. 
ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ экономикэ, щIалэгъуалэ, со­циальнэ политикэ Iыхьэхэм къыщагъэлъэгъуа лэжьыгъищым. Еща­нэ увыпIэр къихьащ зы лэжьыгъэм, «Къалэухуэмрэ цIыху­хэм я хуитыныгъэхэмрэ» Iыхьэм щыщу. 
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэлъэпIащ. ЩIыхь тхылъхэр ныбжьыщIи 8-м иратащ, щIэныгъэ унафэщIу 7-м сабийхэр зэрагъэхьэзырам пап­щIэ фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ. 
Депутатхэм къыхагъэщащ зэпеуэм мы гъэм къагъэхьа лэжьыгъэхэр зэрыкупщIафIэр. Абыхэм щIалэгъуалэм фIыщIэ хуащIащ, щIыналъэм и жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтым папщIэ, икIи ехъулIэныгъэ куэд яIэну зэрагуапэр  жаIащ. 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2025 - 09:44

ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуаунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей.

16.05.2025 - 09:42

Къулыкъум щынэхъыфIхэр

Накъыгъэм и 13-р Урысей МВД-м и хъумакIуэ-конвой къулыкъур къыщы­зэрагъэпэща махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м.

16.05.2025 - 09:41

Зауэ бзаджэм и IэпапIэхэр

ЦIыxy хьэлэлу дунейм тетыр зыщышына зауэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъеящ.

16.05.2025 - 09:39

Сыт щыгъуи куэдщ

Накъыгъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащ­хьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 37-м икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхър

15.05.2025 - 15:02

Сом меларди 5,1-рэ

2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 71-м я хьэрычэтыщIэ мини 2-м нэблагъэм МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэр къагъэсэбэпу къэралым кредит мащIэхэр зыт и IуэхущIапIэх