НыбжьыщIэхэм я къэралпсо зэпеуэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек за­хуигъэзащ еджакIуэхэм географиемкIэ я Урысейпсо олимпиадэм и кIэух Iыхьэу мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэ­кIым хэтхэм, ныбжьыщIэхэм ехъу­лIэныгъэ­хэр яIэну зэ­ригуапэр къыхигъэщу.

«Зэпеуэм къыщыдэхуэм деж ди ­хьэ­­щIэхэм  Iэмал  яIэнущ ди щIы­на­лъэм и ­географиеми зыщагъэ­гъуэ­зэну, Iуащ­хьэ­махуэ, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм кIуэуэ, Курп лъагапIэхэм дэкIыу. ­Абы­хэм къащIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щып­сэу лъэпкъхэм я щэнхабзэхэр зы­хуэдэри. Апхуэдэуи, щIа­лэгъуа­лэм ­яхутеп­сэлъыхьынущ Хэку зауэш­хуэм и зэманым республ­икэм   ще­кIуэ­кIа-                хэм - Дзэ ­Плъы­­жьым и зауэлIхэм фашистхэм я ныпхэр ­Iуащхьэмахуэ ­къы­­­зэ­ры­радзыхыжам, Кавказ Ищхъэ­рэмрэ Кавказ щIыбымрэ я щIыуэпс ­хъу­гъуэ­фIы­гъуэхэр зыIэригъэхьэным ­ху­щIэ­къуу, абыхэм къыхуеIэ бийр къызэ­ры­зэт­ра­гъэувыIам», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек.
Олимпиадэм и кIэух Iыхьэм Налшык щы­зэхуишэсащ Урысейм хыхьэ щIы­на­лъэ­хэм ящыщу 77-м къикIа цIыху ­360-рэ - сабийхэмрэ абыхэм ящIы­гъу­хэмрэ. Зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI «Ды­гъафIэ къалэ» Сабий твор­чествэмкIэ академиемрэ «Антарес» щIэ­ныгъэ центрымрэ. Къэ­бэрдей-Балъкъэ­рым щыщу кIэух Iыхьэм хэтщ ныбжьыщIих. ЕджакIуэхэм географиемкIэ я Урысейпсо олимпиадэр иухынущ мэлыжьы­хьым и 26-м.
9 - 11-нэ классхэм щIэсхэм геогра­фием­кIэ я щIэныгъэр здынэсыр ­къапщытащ тест­хэм жэуап иратурэ, апхуэдэуи, къы­щыхута щIы­пIэм къы­зэрикIыжыну гъуэгур абы хуэ-­щIа Iэ­мэп­сымэхэр къагъэсэбэпкIэ­рэ, щы­уа­гъэн­шэу къызэрыхахыфыр  къа­гъэ­лъа­гъуэу.
Зэпеуэм хэтхэм я зэфIэкIыр зды­нэсыр зэхагъэкIащ Москва, Санкт-Петербург къалэ­хэм, Къэбэрдей-Балъ­къэ­рымрэ Уд­муртиемрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ щIэ­ныгъэлI­хэм, егъэджа­кIуэхэм.
Абы щытекIуэхэм Iэмал яIэнущ а унэ­тIы­ныгъэм епха еджапIэ нэхъыщхьэхэм къэп­щы­тэ­ныгъэхэм хэ­мыту щIэ­тIыс­хьэу бюджетым къыхэкI мылъкукIэ щеджэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2025 - 09:44

ЦIыхухэм я тыншыпIэм хуаунэтI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Журавлёв Андрей.

16.05.2025 - 09:42

Къулыкъум щынэхъыфIхэр

Накъыгъэм и 13-р Урысей МВД-м и хъумакIуэ-конвой къулыкъур къыщы­зэрагъэпэща махуэщ. Абы теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м.

16.05.2025 - 09:41

Зауэ бзаджэм и IэпапIэхэр

ЦIыxy хьэлэлу дунейм тетыр зыщышына зауэр 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м къэхъеящ.

16.05.2025 - 09:39

Сыт щыгъуи куэдщ

Накъыгъэм и пэщIэдзэм ирихьэлIа зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къриубыдэу ­Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Iуащ­хьэмахуэ» курортым зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 37-м икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхър

15.05.2025 - 15:02

Сом меларди 5,1-рэ

2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 71-м я хьэрычэтыщIэ мини 2-м нэблагъэм МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэр къагъэсэбэпу къэралым кредит мащIэхэр зыт и IуэхущIапIэх