Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн. Дызэрыщыгъуазэщи, ныбэ ихъуа сабийр хэхъуэн, зиужьын папщIэ анэр абы лъырэ къупщхьэкIэ догуашэ. Ауэ, иужьрей къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, жыпIэ хъунущ ныбэрылъри анэм дэIэпыкъуу.
КъызэрыщIэкIымкIэ, сабийр зэрызэпкърылъ налъэхэм щыщ анэм и Iэпкълъэпкъым макIуэ бынжэмкIэ. А налъэхэр куэд мыхъуми, анэр узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм щахъумэ, псом хуэмыдэу къупщхьэ узым. ГъэщIэгъуэнращи, и сабийм къыпкърыкIа налъэхэр анэм и Iэпкълъэпкъым зэи имыкIыжу къонэ. Анэр псэуху и быным къыпкърыкIа налъэхэр илъынущ и гум, щхьэм, тхьэмбылым. Аращ анэмрэ бынымрэ гурэ псэкIэ щIызэрыщIэр, зым гузэвэгъуэ гуэр къыщыщIамэ, адрейм ар щIызыхищIэр.
Иджы нэхъ зэпкърыхауэ.
НэхъапэIуэкIэ, щIэпхъаджагъэ гуэр зэхагъэкIыну криминалистхэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ, бзаджащIэм и ДНК-м щымыщу налъэ гуэрхэр и лъым къыхагъуатэрт. Ар зыхуахьынур къахуэмыщIэу зыкъомрэ къэгъуэгурыкIуащ. ИужьыIуэкIэ биологхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ, цIыхум тIолъхуэныкъуэ иIами, абы и лъым щыщ, и анэми и налъэхэм щыщ и Iэпкълъэпкъым къызэринэр. Апхуэдэ дыдэу, бзылъхугъэр дапщэрэ лъхуами, лъхугъэм нэмысу ныбэрылъыр къутэжами, абыхэм я налъэхэр анэм и Iэпкълъэпкъым хэлъщ. ЩIэныгъэр абы зэреджэр микрохимеризмщ.
Ауэ щыхъукIэ, дэтхэнэ цIыхум и анэми анэшхуэми я налъэ хэлъщ. ЗэрыжаIэмкIэ, налъэ мелуан къэс зы «хамэ» налъэ къокIуэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, а «хамэ» налъэхэр иммунитетым хамэу къилъытэркъым икIи иукIыну и ужь ихьэркъым. Пэж дыдэуи, а налъэхэм анэм и узыншагъэр къахъумэ, уеблэмэ лышхым йобэн. Апхуэдэ дыдэу, сабийр дунейм къытехьа нэужь узыфэ зэхуэмыдэхэм пэщIэтыныр анэм и налъэу къыпкърынам я пщэ далъхьэ. Ипэ мазэ зыбжанэм сабийр уз зэрыцIалэхэм щызыхъумэр ахэращ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ налъэхэр куэд хъумэ, аутоиммуннэ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къегъэхъей.
ЩIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым къагурыIуэркъым а налъэхэр гематоэнцефалием пхыкIыу щхьэм зэрыкIуэр. Ауэ хьэкъщ адэ-анэм я закъуэ мыхъуу, ахэр къызытехъукIыжахэм я ДНК ди пкъым зэрилъыр, икIи а налъэхэр цIыхубзыр лъхуа нэужь мазиплI дэкIмэ и лъым хэбзэхыкIыж бын лъы ткIуэпсхэм хэбгъэзэрыхь зэрымыхъунур.
Фырэ Анфисэ.