Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ
Космонавтикэм и махуэр ягъэлъапIэу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм дэт «Налшык» спорт комплексым щрагъэкIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Шэшэным, Къалмыкъым, Адыгейм, Ставрополь крайм я спортсменхэр, псори зэхэту цIыху 300-м щIигъу. Республикэм и пщIэр зэхьэзэхуэм щаIэтащ Шэджэм, Тэрч, Лэскэн щIыналъэхэм, Жаным Аслъэн и цIэр зэрихьэу Налшык дэт спорт еджапIэм я бэнакIуэхэм. 
«Спортым цIыхур хуегъасэ бэшэчагъым, хьэл-щэн дахэхэм, хэку лъагъуныгъэм. ЩIэблэ узыншэ, къарууфIэ диIэным и лъабжьэр аращ», - жиIащ зэхьэзэхуэм теухуауэ КъБР-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам (ныбжьыщIэхэмкIэ) и тренер нэхъыжь Урысмамбэт Алим. 
МахуитIкIэ екIуэкIа зэIущIэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызэIэрагъэхьащ Жаным Аслъэн и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и бэнакIуэхэм. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Щокъарэ Идар, Арзуманов Темырлан, Уэдыжь Имран сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ КъуэщIысокъуэ Азизрэ Жэрыгъу Астемыррэ. Ещанэр Соблыр Темырлан, Хъущтхэ Аслъэнбэчрэ Сэлимрэ сымэщ. 
 
Кхъухьлъатэхэм зрагъэIэт
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Аруан щIыналъэм щекIуэкIащ Урысейм и Кубокыр авиамодельнэ спортымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэмрэ пашэныгъэр щыубыдынымрэ хуэгъэпса зэIущIэмрэ. Абы кърихьэлIащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 35-м, Китайм, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Ермэлым и лIыкIуэхэр.
Урысейм и Кубокми пашэныгъэр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэми япэ увыпIэхэр яубыдащ Нарткъалэ дэт, техник ныбжьыщIэхэм я станцым и гъэсэнхэм. 
Абыхэм нэмыщI, мэлыжьыхьым и 8 - 13-хэм мы щIыпIэм щекIуэкIа, УФ-м авиамодельнэ спортымкIэ и чемпионатым япэ щыхъуащ Климов Максим икIи спортымкIэ мастерым и кандидат мардэхэр игъэзэщIащ. ЗэIущIэр къызэрахахыу щытащ, абы щытекIуахэр хагъэхьащ УФ-м и командэ нэхъыщхьэм икIи мы гъэм Узбекистаным щызэхэтыну «КъуэкIыпIэм и Кубок» зэпеуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэнущ.
КЪАНШЫУЕЙ Алим.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.07.2026 - 18:48

Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ УФ-м и Президен­тым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ феде­-ральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэ­дзэ - Къэзакъхэм я урысейпсо ­зэгухьэныгъэм

17.07.2026 - 09:03

Ди тхылъ тедзапIэр нэхъыфIхэм хабжэ

Налшыкрэ Пятигорскрэ я тхылъ тедзапIэхэр хагъэхьащ «Илъэсым и тхылъ нэхъыфI» зэпеуэм къыщыхэжаныкIауэ къалъыта IуэхущIапIэ 50-м. 

17.07.2026 - 09:03

Хуиту дыбэуэжат

ФIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ зи гура- щэу псэу лэжьакIуэбэр игъэхыщIат ­лъахэм къытепсыха гуауэшхуэм.

16.07.2026 - 08:40

Республикэм къыщагъэсэбэпынущ къэралым щыIэ IэмалыфIхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Крючков Вячеслав, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, бжыгъ

16.07.2026 - 08:35

ЛIыхъужьхэмрэ щIэблэмрэ зэзышалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм ­Iуа­щхьэмахуэ лъапэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Лъэпкъ зэхуаку лагерым» хэтхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIахэмрэ я