Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыкIэр зыкъомкIэ елъытащ къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ я зэпыщIэныгъэм, я зэдэлэжьэкIэм. А Iуэхум куэду холIыфIыхь щIыпIэ самоуправленэхэр. Псом хуэмыдэу гулъытэ зыхууегъэщI щIалэгъуалэр республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, жылагъуэ гъащIэм, спортым, щIэныгъэм, щэнхабзэм зэрыдрагъэхьэх Iэмалхэм. Мэлыжьыхьым и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр. Ар ди щхьэусыгъуэ дахэу депсэлъащ, ныбжькIэ щIалэ пэтми, а Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуэзыщIыну хунэс, игурэ и псэрэ етауэ къыхуагъэфэща IэнатIэ мытыншым пэрыт, Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ АфэщIагъуэ Анзор. Ар Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщIщ, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и 8-нэ зэхуэсыгъуэм и унафэщIу щытащ. 2024 гъэм, илъэс 27-м иту, физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуащ. Мы зэманым КъБКъУ-м и студентхэр ирегъаджэ.
Ди зэпсэлъэныгъэр дублащ Анзор зыпэрыт къулыкъум зэрыщехъулIэмкIэ, щIалэгъуалэм зэрадэлажьэм теухуа гупсысэхэмкIэ. Езыми и махуэр зэрекIуэкIамкIэ къыщIидзащ.
- Псалъэм и хьэтыркIэ, нобэ зы Iуэху зэфIэдгъэкIащи, абыкIэ къыщIэддзэнщ. Белэ Речкэ къуажэм дыщы- Iащ, ныбжьыщIэхэм даIущIащ. Сыт хуэдэ а къуажэм дэс щIалэгъуалэр, сыт зыгъэпIейтейр, сыт нэхъ зыдихьэхыр, нэхъ къайхъулIэр – мис а псом зыщыдгъэгъуэзащ. Мыр къуажэ администрацэмрэ ди управленэмрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэщащ, икIи щIэх-щIэхыурэ едгъэкIуэкIхэм ящыщщ. Ди республикэм щыпсэу щIалэгъуалэр щIэщыгъуэ гуэрым дихьэхыу, IуэхуфIхэм зрапщытауэ гу лъыттэмэ, дакъуовэ. Спортым, медицинэм, щIэныгъэм, гъуазджэм ехьэлIауэ щытынкIэ хъунущ апхуэдэ Iуэхухэр.
Ди управленэм илъэсым къриубыдэу щыдлэжьынур догъэбелджылы. Дэтхэнэ Iуэхури тыдоухуэ щIэблэр унэтIыным, IуэхуфIхэм тегъэгушхуэным, ныбжьэгъугъэмрэ къуэшыгъэмрэ ялъытэным, гущIэгъу яхэлъыным, фIым и телъэхьэным, хэкур я гум илъыным. Зы илъэсым апхуэдэ Iуэхуу 50-м щIигъу идогъэкIуэкI.
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум и гъэщ 2025-р. Дауи, абы гулъытэ худощI. ЩIэблэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу, къэралым и тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну, блэкIар илъытэу гъэсэным тедухуащ Iуэхугъуэ куэд. Ди Iэтащхьэр, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэхэр, район, къалэ администрацэхэр - псори дызэрыщIэу, дызэчэнджэщу дызэдолажьэ. ЩIалэгъуалэм ди гупэр яхуэгъэзащ, ахэр зыхуей хуэзэу, IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ республикэм сэбэп хуэхъуфу тлъагъуну дыхуейщ.
- Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьэрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ къызэвгъэпэща Iуэхухэм я гугъу уэзгъэщIынут.
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, ди IуэхущIапIэм иригъэкIуэ-кIащ «Узэкъуэтмэ, улъэщщ» зэхыхьэр. Пневматическэ кIэрахъуэкIэ уэнымкIэ щIалэгъуалэр зэпедгъэуащ. Къедгъэблэгъащ СВО-м хэтхэр, абы и ветеранхэр. Ди зэманым и лIыхъужьхэм ирагъэкIуэкIащ дзэ Iуэхум ехьэлIа дерсхэр, тепсэлъыхьащ лIыхъужьыгъэм и мыхьэнэм, хахуагъэр къыздикIым, ди япэ итахэм я лIыгъэр щапхъэ зэрыхъум. Хэку зауэшхуэм и зэман лъандэрэ щыIэ кIэрахъуэ тIорысэхэр едгъэлъэгъуащ, ар псынщIэу зэпкърпах-зэпкъралъхьэу зэпедгъэуащ ныбжьыщIэхэр.
Мэлыжьыхьым и 22-м Налшык, НыбжьыщIэхэм я театрым (ТЮЗ) щедгъэкIуэкIынущ дзэ Iуэхум, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэIущIэ. Iуэхум къетшэлIэнущ цIыху 70 хуэдиз. Абыхэм зэрызагъэпщкIу (маскировочный) хъархэр зэрахъэнущи, дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм едгъэшэнущ.
- Ди республикэм ис щIалэгъуалэм яфIэфI заужьыну?
- Иужьрей илъэсхэм къэралым гулъытэшхуэ хуещI щIалэгъуалэм гъуэгу етыным, заужьыным, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ яIэным. ИлъэсипщIым щIигъуащ сэ курыт еджапIэр къызэрызухрэ. ШколакIуэу сыщыщытамрэ иджырей зэ-манымрэ зызогъапщэри, гу лъызотэ иджырей ныбжьыщIэхэм заужьыну хуеиххэмэ, къэралым, республикэм абыхэм къахуигъэлъагъуэ Iэмалхэр нэхъри куэд зэрыхъуам. НыбжьыщIэ-хэм зыкъыщагъэлъагъуэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIэнIуатэхэм, зэIущIэхэм, дерс зэIухахэм. Ди къэралым и Президентми республикэм и Iэтащхьэми я нэIэ тетщ щIалэгъуалэм. ЩIэныгъэм щыхагъахъуэ, спортым щытрагъэгушхуэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ щыдрагъэхьэх, щIалэгъуалэ политикэм щыхагъэгъуазэ, жылагъуэ Iуэхур щрагъэцIыху утыкущIэхэр къоунэху. ЖыпIэнурамэ, зэманым удекIунумэ, гъуэгу куэд яхузэIухащ хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ щыIэщи, зыхэдэни ягъуэтынущ. ЩIалэгъуалэм хъарзынэу къагъэсэбэп а Iэмалхэр. Жану, хэлъэт яIэу Iуэхум зезыпщыт, ерыщу зи гъуэгу пхызышхэр диIэщ.
- Илъэс 27-м уиту физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат ухъуащ…
- Физикэм теухуауэ стхащ си кандидат лэжьыгъэр. Пкъыгъуэ цIыкIу дыдэхэм я Iувагъым теухуауэ къэхутэныгъэхэр езгъэкIуэкIащ.
- Студентхэр сыт зыхуебгъаджэр?
- Акъыл IэрыщIым и Iэмалхэмрэ и щэхухэмрэ. ЭлектроникэмкIэ, акъыл IэрыщIымкIэ, робототехникэмкIэ институтым и студентхэрщ сызыдэлажьэр. Ди гъащIэм куэду къыхыхьащ акъыл IэрыщIыр, махуэ къэс къыдогъэсэбэп ар. Мы дунейм зэрызиужьым узэрыкIэлъыплъ икIи узэрыхэлэжьыхь зы IэмалыфIщ.
Зи гугъу сщIы институтым хьэулеину зыри къыщIэтIысхьэIакъым. Абы зыщыхуедгъаджэ унэтIыныгъэхэр апхуэдэуи куэд хъуркъым, предмет лей яхэткъым жыхуэсIэщ. Аращи, гурэ псэкIэ IэщIагъэр къыхэзыххэрщ екIуалIэр, егугъууи йоджэхэр. ДызыхуэкIуэ зэманым зэпыу имыIэу къэсэбэпыну IэщIагъэщ ахэр зыхуеджэр, лэжьыгъэншэ хъунукъым. Компьютерхэм елэжь, программэхэр зэхэзыгъэувэ IэщIагъэлIхэм щIэупщIэ яIэщ.
- ЩIалэгъуалэ Парламентым и унафэщIу ущыщытам сыт щIэуэ хэплъхьа абы?
- ИлъэситхукIэ сыпэрытащ а IэнатIэм. КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и 8-нэ зэхуэсыгъуэм хэтахэм Iуэух куэд дгъэзэщIащ. Зыбжанэ къэзгъэлъэгъуэнщ щапхъэу: «ЩIалэгъуалэм я хьэрычэт Iуэхум и зыужьыныгъэр», «Республикэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр», «ЦIыхум псынщIэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ игъуэтыныр», «Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и Iэмалхэр». Хабзэубзыху мардэу къэдгъэлъэгъуащ бгъу. Курыт еджапIэхэм щIэсхэр, студентхэр хэту зэпеуэшхуэ къызэдгъэпэщащ абы тещIыхьауэ.
- IэнатIэу узыпэрытхэр щIалэгъуалэм епхащ. Дауэ уеплърэ, сытым щыгъуэ цIыхур балигъыпIэ щиувэр, абы нэщэнэ гуэрхэр иIэ?
- Сэ балигъ сызэрыхъуар хьэкъыу зыхэсщIащ илъэс 25-рэ срикъуа нэужь. ЩIэблэкIэ уеджэну зы гуп ди ужьым къызэриувам гу лъыстащ абы щыгъуэ, Iуэхугъуэ гуэрхэмкIэ жэуап зэрысхьыр зыхэсщIащ. Ди ужьым къиувэ ныбжьыщIэхэм я зыужьыкIэри, я Iуэху еплъыкIэри дыдейм къыщхьэщокI зыкъомкIэ. Гу лъыботэ ахэр зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэмрэ пщалъэхэмрэ нэгъуэщIу зэрыбгъэдыхьэм. Ар елъытащ дунейм псынщIащэу зэрызиужь-ми, технологиехэм зэрызахъуэжми. Ди щIалэгъуалэр зэманым докIу - телефоным, гаджетым, компьютерхэм я программэ гугъухэр абыхэм псынщIэу къапхъуатэ.
- Интернетым и сэбэпынагъымрэ зэраныгъэмрэ щIэблэм зэхагъэкIыфын папщIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэу пIэрэ?
- ЩIалэгъуалэр къэралми, республикэми, министерствэми, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэми яхуэгъэсэнукъым, унагъуэм, адэ-анэм гъэсэныгъэрэ шыIэныгъэрэ къыхамылъхьэмэ. Унагъуэм къыщежьэ гъэсэныгъэр еджапIэм, щIалэгъуалэм япыщIа IуэхущIапIэхэм щIагъэбыдэу арагъэнущ.
Интернетыр щIэблэм я Iэдэжщ ди зэманым, нэгъуэщIуи хъунукъым. Сыт хуэдэ напэкIуэцIхэм ихьэнуми зэлъы-тар абы и псэм и зыужьыкIэмрэ и хьэл-щэнымрэщ. Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи гум къыщыушар мыхъумыщIагъэм дихьэхыну си фIэщ хъуркъым. Дэ щIалэгъуалэм яжыдоIэ икIи ядогъэлъагъу щIэныгъэ къызэрыпх хъуну сайтхэр. «Гиперпатруль» жери интернет программэ щыIэщ, зэраныгъэ къэзышэ сайт къуейщIейхэр къыщIигъэщрэ игъэбыдэу. Ар къыдогъэсэбэп.
- Анзор, си упщIэхэм адыгэбзэ шэрыуэкIэ уакъыподжэж. Анэдэлъхубзэм пщIэ хуэщIыныр фи унагъуэ хабзэу къыщIэкIынщ…
- ЦIыхур къызыхэкIа лъэпкъым щыщ япэрауэ зыщIыр и анэдэлъхубзэрщ. Адыгэ унагъуэ ущапIауэ уи бзэр умыщIэныр сфIэемыкIущ.
Иужьрей илъэсхэм, гу зэрылъыстэмкIэ, ди цIыхухэм адыгэбзэр нэхъ къащтэж. Анэдэлъхубзэр шэрыуэу зыIурылъхэм хуагъэдахэ, бзэм зи гупэ хуэзыгъазэхэр нэхъри трагъэгушхуэ, уи бзэмкIэ упсэлъэным фIыгъуэу хэлъыр нэхъ ялъытэ хъуауэ си гугъэщ.
Ди IуэхущIапIэми гулъытэ хуещI анэдэлъхубзэм. «Си бзэкIэ къызгурыгъаIуэ» зи фIэщыгъэ Iуэху дахэ идогъэкIуэкI илъэс къэс. Адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр, урысыбзэр къызэщIеубыдэ абы.
Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.