Иджы Пензэ ирагъэблагъэ

Мэлыжьыхьым и 10-м щы­щIэ­дзауэ махуищкIэ Пензэ къалэм и НыбжьыщIэ теат­рым и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щигъэлъэгъуащ, «Большие гастроли» урысейпсо Iуэхум хыхьэу. Ар УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкI.

Сабий, щIалэгъуалэ театрхэм ядэIэпыкъунымкIэ «Большие гастроли» Iуэхум и унэ­тIыныгъэм хыхьэу, Пензэ къалэм и НыбжьыщIэ театрым Искож хьэблэм дэт Щэнхабзэ зыу­жьыныгъэмкIэ центрымрэ НыбжьыщIэ театрымрэ щигъэлъэгъуащ «Слова, рождённые войной…» спектаклымрэ цIыкIухэм яхуэгъэза «Винни-Пух и компания», «Царевна-лягушка» таурыхъхэмрэ.
УФ-м щэнхабзэмкIэ и ми­нистр Любимовэ Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, мы урысейпсо гастроль-концерт Iуэхур къыщIыхалъхьар къэралым щыпсэу цIыху нэхъыбэ лъэпкъ театрхэм я лэжьыгъэхэм кIэлъагъэплъын папщIэщ. Гуапэщ абы гъэ къэс цIыху нэхъыбэ къыхашэурэ ­нэхъри зэрызрагъэуб­гъур. Лъэпкъ щэнхабзэр, ма­къамэ, театр школхэр хъума хъу­нымкIэ ар щхьэпэщ. 
- «Большие гастроли» Iуэхур IэмалыфIщ къэралым и щIыналъэ пхыдзахэм щыпсэухэм я пащхьэм театр лэжьыгъэ нэхъыфIхэр щыгъэлъэгъуэнымкIэ, - жиIащ Пензэ къалэм и НыбжьыщIэ театрым и унафэщI Карпов Владимир. – Мы гъэм ди спектаклхэр Налшык къалэм и театреплъхэм зэредгъэ­лъэгъуар ди гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс дахэм ди гур ихьэхуауэ, теат­р­еплъхэм ди лэжьыгъэхэр щIэщыгъуэ зэращыхъуамрэ Iэгуауэ ин зэрытхуаIэтамрэ дамэ къыттригъэкIауэ Пензэ догъэзэж. Налшык къалэм и ­НыбжьыщIэ театрым фIыщIэ ин ­худощI хьэщIагъэ ин къы­зэрыдихамкIэ! Иджы ди гуапэу Пензэ фыдогъэблагъэ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.11.2026 - 09:09

Илъэсищэ зи ныбжь Джэрмэншык

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и Аруан районым хыхьэ Джэрмэншык къуажэм иджы­благъэ гуфIэгъуэ зэ­хы­хьэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуат а жылэр къызэрызэ­рагъэпэщрэ илъэсищэ зэрырикъум. 

10.11.2026 - 09:06

Мыгувэу къызэIуахынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ Лышх узы­фэхэр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыщIэм ухуэныгъэхэр зэрыщекIуэкIыр. Лэжьыгъэр и кIэм ноблагъэ.

10.11.2026 - 09:03

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ

Налшык Кулиевым и цIэр зезыхьэ и уэрамым тет модельнэ библиотекэм Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа «Пирог на четвёртое» Iуэхур щрагъэкIуэкIащ.

10.11.2026 - 09:03

Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ «Кавказ» ГъуэгухэмкIэ управленэм и унафэщI ­Лукашук Александр. 

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите