Жылагъуэм я жьауэм щIэту

КъБР-м и Парламентым дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим.

ЗэIущIэм щыхахащ Жылагъуэ советым и комиссэхэм я унафэщIу щытынухэр. Псоми зэ­дэарэзыуэ, законодательствэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ комиссэм и унафэщI ящIащ Атмурзаевэ Иринэ, социальнэ IуэхухэмкIэ - Къалмыкъ Кла­рэ, экономикэмкIэ - Несутулов Виктор.
Бечелов Ильяс къытеувыIащ комиссэхэр 2025 гъэм зэлэжьыну Iуэхугъуэхэм, абыхэм республикэм узыншагъэр щыхъумэнри, егъэджэныгъэри, щIэныгъэри, щэнхабзэри, спортри, экономикэри къызэрызэщIрагъэубыдэнум. «Жылагъуэ советыр къудамищым тещIыхьауэ дгуэшами, Iуэхухэм псори зэгъусэу делэжьынущ», - къы­хигъэщащ абы.
Мы гъэм советым и нэIэ зытригъэтыну Iуэху­гъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэрызэрагъэпэщым кIэлъып­лъынри. КъБР-м и дохутырхэм я палатэм и правленэм и унафэщI Щоджэн Эдуард къыхилъ­хьащ егъэджэныгъэмрэ медицинэмрэ я лэ­жьакIуэхэр унэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъуну Iэмалхэм егупсысыну. 
КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ советым хэтхэм яхутепсэлъыхьащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Псом япэу абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 2024 гъэм и фокIадэм хаха ебланэ зэхуэсыгъуэм депутат 70 зэрыхэтыр (19-р зэпымыууэ лажьэу), ику иту я ныбжьыр илъэс 55-рэ зэрыхъур, зи ныбжьыр илъэс 35-м нэс щIалэщIэуи 4 депутатхэм зэрыхагъэхьар. «Про­цент 40-кIэ зэхъуэкIыныгъэ зыгъуэта зэ­хуэсыщIэм и лэжьыгъэр нэхъыфIыж хъуну къыдолъытэ. Нэхъыжьхэм я жьауэм щIэту, нэхъы­щIэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр сэбэп хъуну дыщогугъ», - къыхигъэщащ Кансаевэм.
Абы жиIащ 2025 гъэм КъБР-м и Парламентым и гъатхэ зэхуэсым депутатхэр законопроект 21-м зэрыхэплъэнур, Правительствэмрэ комитетхэмрэ хухах сыхьэту - 9, «стIол хъурейуэ» - 4, пар­ла­мент едэIуэныгъэу - 1, нэгъуэщI щIыпIэхэм щра­гъэкIуэкI зэIущIэу 12 къызэрагъэпэщыну зэ­рамурадыр. 
- Ар зэкIэ дубзыхуаращ, зэрыхабзэу, къытпэ­щылъ лэжьыгъэхэр нэхъыбэжи щыхъу щыIэщ, - къигъэлъэгъуащ Кансаевэм. - КъБР-м и Парламентым и депутатхэм къыдэкIуэтей щIэблэми гулъытэ хэха хуащI, ахэр щIэх-щIэхыурэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм кърагъэблагъэ. «Дэ Урысейм дрицIыхущ» Iуэхум хыхьэу, зэфIэкI къэзыгъэ­лъагъуэ ныбжьыщIэхэм я паспортыр мыбдеж щрат. КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Парламентым и V зэхуэсыгъуэм къыщыщIэдзауэ, депутатхэм я нэIэм щIэтщ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр. А Iуэхур япэу зыублахэм КъБР-м и Парламентыр ящыщщ. Апхуэдэуи сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ я IуэхущIапIэу ­6-м зэпымыууэ дыкIэлъоплъ. Депутатхэр зыхущIэкъур законхэр къэщтэн къудейркъым, атIэ ахэр зэрагъэзащIэри зэпымыууэ къапщытэ. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «КъБР-м юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу къызэрыщызэрагъэпэщым теухуауэ» законыр.
Кансаевэ Еленэ тепсэлъыхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ, «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» Iуэхури зэрагъэзащIэм, абы ипкъ иткIэ дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм я унагъуи 140-м мы зэманым дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур. КъБР-м и Парламентым къищтащ дзэ Iуэху хэхам хэтауэ «УФ-м и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зыфIащахэр е УФ-м и орденыр зыхуагъэфэщахэр пщIэншэу щIы Iыхьэ зратхэм хэбжэным теухуа республикэ законыр. СВО-р зэрыщIидзэрэ, депутатхэм езыхэм я ахъшэкIэ зауэлIхэм дэIэпыкъуныгъэхэр хурагъашэ. КъищынэмыщIауэ, хабзэубзыхухэм «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондым мазэ къэс ахъшэ ирагъэхь, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм зыщIагъэкъуэн IуэхукIэ. 
Къэпсэлъар адэкIэ къытеувыIащ КъБР-м и Парламентыр нэгъуэщI щIыналъэхэм - нэхъ ­гъунэгъу дыдэхэм къыщыщIэдзауэ Поволжьерэ Сы­быррэ нэсу - я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм жыджэру зэрадэлажьэм, апхуэдэу зэгурыIуэныгъэ 20-м щIигъу зэраIэм. Мы зэманым иджыри щIыналъищым зэрадэлэжьэнум зыхуагъэхьэ­зыр. Ахэр Осетие Ищхъэрэ - Алание, Иркутск, Мурманск щIы­налъэхэрщ.
НэгъуэщI зы Iуэхугъуи къыхигъэщащ Кансае­вэм - депутатхэр «Гуапагъэм и жыг» Iуэхум зэ­рыхэтар. Абы ипкъ иткIэ, КъБР-м и Парламентым и депутатхэм республикэм къыщыдэкI газетхэр хутрадзащ социальнэ IуэхущIапIэу 25-м щIигъумрэ цIыху 200-мрэ. Абы текIуэдащ сом мин 220-м щIигъу. 
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм ирагъэхь жэрдэмхэмрэ абыхэм ящыщу къару зыгъуэтхэмрэ я бжыгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэубзыху IуэхущIапIэр нэхъыфIхэм зэращыщыр. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.