КъыдэкIуэтей щIэблэм йогугъу![]() КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм дэлажьэ ЩIалэгъуалэ парламентым и унафэщI, СВО-м хэт Николаев Артём. Абы хэтащ Къэрал Думэм и ЩIалэгъуалэ парламентым регламентымрэ къэпщытэныгъэмкIэ и комиссэм и унафэщI Абазэ Албэч. Егоровэ Татьянэ щIалэхэм яхутепсэлъыхьащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм, абы епха ЩIалэгъуалэ палатэр зэрызэфIэувамрэ зэфIигъэкIымрэ. Абы къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэгъуалэм зэрызаужьыну Iэмал псори зэрыщызэтеублар, къыдэкIуэтей щIэблэр жылагъуэ, волонтёр Iуэхухэм хэшэным жыджэру зэрыщелэжьыр.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









