|
|
Ростов сымаджэщым и къудамэщIэ
13 апреля, 2025 - 06:03
Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ IуэхущIапIэм гематологиемрэ химиотерапиемкIэ и къудамэр зыхуей хуагъазэри, къызэIуахыжащ.
Къызэрагъэпэщыжа къудамэр къатитIу зэтетщ, цIыху 50 зэуэ щIэхуэнущ, Урысей Федерацэм и закъуэ мыхъуу, хамэ къэрал щыщхэми щеIэзэнущ, зи лъыр лышх узыфэм иубыда цIыху 2000 илъэсым къриубыдэу щагъэхъужыфынущ.
Гематологиемрэ химиотерапиемкIэ къудамэм и щIэныгъэлIхэр йоIэзэ зи лъымрэ лимфэмрэ лышхым иубыдахэм. КъызэрахутамкIэ, апхуэдэхэр лышх узыфэр зэузхэм я проценти 5 мэхъу. Ахэр Ходжкиным и лимфомэ, миеломэ зэфыкIхэрщ.
- Сымаджэм къефыкI лышх лIэужьыгъуэм, и ныбжьым, и узыншагъэм елъытауэ, дэтхэнэми протокол щхьэхуэ худоубзыху. Гематологиемрэ химиотерапиемкIэ къудамэм ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъагъуэрт армырми, ауэ къудамэр къызэдгъэпэщыжа нэужь нэхъыфIыж хъуну дыщогугъ. Пэшхэм цIыхуи 2-3 щIэлъщ, зыхуэныкъуэ псомкIи: псыунэ щхьэхуэ, хьэуар зыгъэкъабзэ IэмэпсымэщIэхэр, шэнт, Iэнэ щIэтщ, сымаджэхэм мастэ щыхалъхьэ пэшхэр иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. КъищынэмыщIауэ, дохутырхэми я лэжьыгъэр ящызыгъэпсынщIэ IэмалыщIэхэри диIэщ. - жиIащ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.
Фырэ Анфисэ.
|
|
13.09.2026 - 09:03 Художник Трындык Василий СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, республикэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессион |
|
|
13.09.2026 - 09:03 Ди къэралышхуэм хыхьэ щIыналъэ псоми мы тхьэмахуэм щагъэлъэпIащ УФ-м и Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ махуэгъэпсым къыхыхьа махуэщIыр: ди Хэкум щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэр. |
|
|
12.09.2026 - 09:03 Дызэрыщыгъуазэщи, фокIадэм и 8-м ди къэралым щагъэлъэпIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я бзэхэр хъумэным и махуэр. |
|
|
12.09.2026 - 09:03 ФокIадэм и 10-м, ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэм, ирихьэлIэу Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIащ «ГъащIэ» акцэ. |
|
|
11.09.2026 - 16:11 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ. |
|