БэджэндыпщIэ мылъку

«ПсэупIэ» къэрал программэм хыхьэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» пэхуэщIэм ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым республикэм щаухуэнущ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 579-рэ, абы щыщу мин 24-р хыхьэнущ щIыпIэщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным ехьэлIауэ щыIэ программэм. Гулъытэ хэха хуащIынущ жьы хъуа, ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ унэхэм щIэсхэр фэтэрыщIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным. 
ЦIыху щхьэхуэхэр псэупIэхэмкIэ къызэгъэпэщын лэжьыгъэхэм мы гъэми пащэнущ. Абыхэм яхэтщ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветерани 3, цIыху ныкъуэдыкъуэу 9, унагъуэщIэу 59-рэ. А Iуэхугъуэхэм хухахынущ псори зэхэту сом мелуан 67-м щIигъу. Абы нэмыщI, фэтэр куэду зэхэт унэу 66-рэ къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным сом мелуан 645-рэ трагъэкIуэдэнущ мы гъэм. 
Социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ зыбжанэм ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсынущ. Псалъэм папщIэ, Налшык, Тэрч къалэхэм, Терскол жылэм я курыт еджапIэхэр, Кэнжэ къуажэм и амбулаторэр. Псы къагъэсэбэпар зэрыкIуэ бжьамийхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щыщIалъэхьэри, ари мы гъэм зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Республикэм и цIыху зэхуэсыпIэу 38-рэ иджыри къызэрагъэпэщынущ.
«Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» федеральнэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ цIыхухэр псы къабзэкIэ къызэзыгъэпэщ IэнатIэхэр яухуэн щIадзэнущ дызэрыт илъэсым е щыIэхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. А лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом мелуан 7I7-рэ хухахынущ. Лышхым щеIэзэ диспансер Налшык къалэм иджыпсту щаухуэ, етIанэгъэ илъэсым и кIэхэм деж ар зэфIагъэкIынущ. Тырныауз къалэми псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш ухуэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэри 2027 гъэм и кIэм нагъэсынущ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.06.2025 - 12:25

Къуэныкъуей Назир и фэеплъ зэIущIэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къуэныкъуей Назир и фэеплъу Шэджэм къалэм щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ.

17.06.2025 - 09:04

Бгъэжьхэм я тIысыпIэщ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ инхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ я псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу (Бабук) цIэр зэрехьэ.

17.06.2025 - 09:01

УзэлIалIэращ къолIэлIэжынур

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуха ныбжьыщIэхэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэу

17.06.2025 - 09:01

МедалиплI къэралым къыхуахь

Тыркум и Бурсэ къалэм махуитIкIэ щекIуэкIащ зауэ Iэпщэрыбанэ спортымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 32-м я спортсмен 300-м нэблагъэ.

16.06.2025 - 09:18

Бгылъэ гъунапкъэхэр яхъумэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терскол щригъэблэгъащ УФ-м зы­хъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ, Урысейм и ЛIыхъужь Евкуров Юнус-Бэч Бэмэтджэрий и къуэр.