Уней псэупIэхэрщ нэхъыбэр

2025 гъэм и щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и куэдагъым фIыуэ хэхъуащ икIи сом мелуан 863,8-рэ и уасэ зэфIагъэкIащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 26-кIэ нэхъыбэщ ар. Апхуэдэу щыхъукIи, хэхъуэ нэхъыбэ къэзыгъэлъэгъуар унейуэ псэупIэ зыщIхэрщ.
«Ухуэныгъэ IэнатIэм мыхьэнэ ин щеубыд ди щIыналъэм. Инвестицэ ахъшэу абы къыхашэм къыдэкIуэу, ди хэхъуэм и куэдагъри нэхъыбэ мэхъу. Ухуэныгъэм пыщIауэ лажьэ адрей IэнатIэхэми (хьэрычэт щIэн Iуэхухэри хэту) заужь, инфраструктурэ шынагъуэншэхэри зэрагъэпэщ.
20I9 гъэм щегъэжьауэ республикэм щаухуащ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуан 3,1-рэ. «ПсэупIэ» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2025 гъэм мурад щыIэщ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 570-рэ яухуэну, 2030 гъэм нэсыху ар метр зэбгъузэнатIэ мин 76I-м нэдгъэсыну ди плъапIэщ», - жиIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Журавлев Андрей. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.03.2026 - 09:12

ЗэгурыIуэрэ зэхэзагъэу

Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ­ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ.

16.03.2026 - 09:11

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ ядж японхэми

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь ­Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ­хэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ.

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж

14.03.2026 - 09:25

Куэд къапэщылъщ мы илъэсми

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди республикэм и къалащхьэ Налшык дыгъуасэ лэ­жьыгъэ IэухукIэ щыхуэзащ УФ-м и Президентым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щиIэ полномочнэ лIыкIуэ Чайкэ Юрий.