Сабий тхылъым и тхьэмахуэр къызэIуах

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым гъатхэпэм и 21-м къыщызэIуахащ сабийхэмрэ ныбжьы­щIэ­хэмрэ яхуэгъэза тхылъ­хэм­ я урысейпсо тхьэмаху­эр. Хэку зауэшхуэм Те­к­Iуэ­ныгъэ Иныр къызэ­рыщытхьрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъум иращIэкIа зэхыхьэ гуапэр къызэригъэпэщащ КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъу­хэм я зэгухьэныгъэу щыIэм.

Ди щIыналъэм ис сабийхэм тхылъхэр зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ зэралъагъум мыхьэнэшхуэ иIэщ. Аращ Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм ныбжьы­щIэ­хэм яхуэгъэза зэхьэзэхуэхэр къыщIызэригъэпэщри. Ахэр усэ, прозэ къеджэнкIэ зэпоуэ.
- ЗэIущIэм къекIуэлIахэм тхы­лъыр фи ныбжьэгъуфIу зэрыщытым шэч къытесхьэркъым. Тхылъ еджэным дихьэххэр щIэныгъэкIэ адрейхэм йофIэкI. Фи ныбжьым дыщитым ар зыхэтлъхьэ щы­мыIэу фIыуэ тлъагъурт. Тхы­лъыфIхэр ноби сфIэгъэщIэгъуэнщ, – жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин. – Сабий тхылъым и тхьэмахуэмкIэ сы­нывохъуэхъу! ТхылъыфIхэр фи ныбжьэгъуфIу фыкъыдэ­кIуэтеину си гуапэщ!
КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жы­лагъуэм зегъэужьынымрэ хъы­барегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI, депутат Текуев Амырбий ныбжьы­щIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэ­хэмрэ ехъуэхъуащ, тхылъыр зи Iэпэгъум и гъащIэр зэрыкупщIафIэр къыхигъэщу. 
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминатрэ Текуев Амырбийрэ дипломхэмрэ саугъэтхэмрэ щратыжащ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэм ящыщу «Тхылъеджэ нэхъыфI-2025», «ЛIыхъужьыгъэр гукIэ зыхыдощIэ» зэпеуэхэм щытекIуахэу Алэкъей Элинэ, Гындыгъу Андемыр, ГъукIапщэ Алинэ, Журт Дисанэ, Къарэнашэ Алинэ, Мэкъуауэхэ Каринэрэ Мансуррэ, Албот Алихъан, Динаевэ Саидэ, Духьэлий Элинэ, Бро Дисанэ, Григорян Ангелинэ, ­Джэ­ху Мансур сымэ, нэ­гъуэщI­хэми.
Зэхыхьэм ныбжьыщIэхэм ща­хутепсэлъыхьащ Сабий тхы­лъым и тхьэмахуэм и тхы­дэм, абы гупсысэу щIэлъари тхылъ емыджэу щIэныгъэ зэ­рызрамыгъэгъуэтыфынурщ. Сабийхэмрэ ныбжьы­щIэхэм­рэ я литературэм и тхьэмахуэ егъэкIуэкIыныр къыхэ­зылъ­хьауэ щытар Кассиль Левщ. 1943 гъэм Москва гъатхэпэм и 26-м тхакIуэхэмрэ тхылъеджэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Книжкины именины» зэIущIэ гукъи­нэжыр щекIуэкIат. Абы хэтащ тхакIуэ цIэрыIуэхэу Михалков Сергей, Барто Агния, Шварц Евгений, Маршак Самуил, Пришвин Михаил, Чуковский Корней сымэ, нэгъуэщIхэри. Зэхыхьэм ныбжьыщIэ мин ­30-м щIигъу хэтат. Нэхъыжь­хэм ныбжьыщIэхэр щагъэ­гъуэзат Хэку зауэшхуэм хэкIуэда тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ. Абы лъандэрэ а Iуэху дахэм гъэ къэси пащэ. ЭкранымкIэ къагъэлъэгъуащ Москва япэ сабий тхьэмахуэр зэрыщагъэлъэпIауэ щытам теухуа нэтынхэм щыщ пычыгъуэхэр. 
Иджы, «Сабий тхылъым и тхьэмахуэм» хыхьэу, къэралым, республикэм я библиотекэхэм тхылъыщIэхэр, спектаклхэр щагъэлъагъуэ, мастер-классхэр, викторинэхэр, лекцэхэр, зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI, тхакIуэхэмрэ уса­кIуэ­хэмрэ щаIуощIэ. 
Мы тхьэмахуэм къриубыдэу республикэм и библиотекэхэм тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр ще­кIуэкIынущ. Абы хэту къы­зэрагъэпэщ тхылъ къеджэныгъэхэр, таурыхъхэм къытращIыкIа театр теплъэгъуэхэр, литературэ джэгукIэ лIэужьыгъуэхэр утыку къыщрахьэ, тхылъеджэхэм я зэIущIэхэр, тхакIуэхэм я махуэхэр щыIэщ.
Зэхыхьэм къекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Карей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.