Я зэфIэкI еплъыжынущ

Урысей ФССП-м, «Орлёнок» Урысейпсо сабий центр цIэрыIуэм щIыгъуу зэхешэ «Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» программэм хэтынухэм я зэпеуэ.
Абы хэтыфынущ зи ныбжьыр илъэс 11-м къыщыщIэдзауэ 16-м нэс хъухэу хабзэм, къэралымрэ абы и зэхэлъыкIэмрэ зэрызэфIэувам я тхыдэм дихьэххэр. 
«Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» иджы еханэрэ зэхаублэикIи ар 2025 гъэм накъыгъэм и 30-м щегъэжьауэ мэкъуауэгъуэм и 19 пщIондэ «Дозорный» лагерым щекIуэкIынущ.
Зэпеуэм хэтынухэм ягъэхьын хуейщ тхыдэм, обществознаниемрэ правэмрэ щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ я тхыгъэхэр икIи абы ехьэлIа реферат ягъэхьэзырын хуейщ.  Лэжьыгъэхэр Iахынущ 2025 гъэм мэлыжьыхьым и 11 пщIондэ. Iуэхум нэхъ зэпкърыхауэ щыгъуазэ зыщыпщIыфынущ: http://fssp.gov.ru/public_social_up/  
ТекIуауэ къалъытэнущ дерс гъэщIэгъуэну нэхъыбэ зыгъэхьэзырахэр. Зэпеуэм кърикIуахэр «Орлёнок»-м и сайтым къралъхьэнущ. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щыIэ Орленокым  зэрыкIуэну тхылъ иратынущ.  
Зэпеуэм хэтыным ехьэлIа хъыбархэр къэфщIэфынущ мы телефонхэмкIэ: 8 (928) 910-04-14; 8 (903) 490-86-10. 

Зыгъэхьэзырар БАХЪСЭН Ланэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.09.2026 - 09:30

Дахэу, нэгузыужьу

Налшык къалэм и шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и Кубок-2026» 21-нэ лъэпкъхэм зэдай шыгъэжэгъуэ.

15.09.2026 - 09:26

ЛIыхъужьыгъэм щIэблэр щIапIыкI

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Бахъсэнёнкэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэ­кIащ Терроризмэм пэщIэтхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм хуэгъэпса фэеплъ зэхыхьэ.

15.09.2026 - 09:24

«Дыгъужьы­къуейм» и хьэщIэщыбжэр зэIуех

Аушыджэр (Дыгъужьы­къуей) къуажэм щаухуащ адыгэ хьэщIэщ екIу. Лъап­сэм ит унэр пасэрейм хэлъа хабзэм тещIыхьауэ къызэгъэпэщащ.

14.09.2026 - 09:26

Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм Хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и зэзыгъэуIу гупым и зэIущIэ.

14.09.2026 - 09:24

Республикэр хуэхьэзырщ хэхыныгъэхэм

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и япэ бжьы­хьэ зэIущIэр.