Хьэхэр полицэм

БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм Налшык къалэм и еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ зэIущIэ щхьэпэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хьэхэр ящIыгъуу зэрылажьэр. 
КъБР-м и МВД-м и кинолог IуэхущIапIэм щылажьэхэмрэ балигъыпIэ иувахэм я IуэхухэмкIэ УМВД-м и инспектор нэхъыщхьэ Алшэгъыр Ингэрэ Налшык къалэм и 33-нэ курыт еджапIэм щIэсхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ «Бжэ зэхуэщIахэм я махуэ». 
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и МВД-м и ЦКС-м и унафэщI, полицэм и подполковник Владимиров Владимир ныбжьыщIэхэм гуапэ къапежьащ икIи хьэ гъэсахэр щаIыгъ щIыпIэр ирагъэлъэгъуащ. Полицэм и лэжьыгъэмкIэ сэбэп щыхъу хьэ лъэпкъым, ахэр зэрагъасэ Iэмалхэм, ирагъэгъэзащIэ лэжьыгъэхэм, ирагъэшхым, зэрызрагъэгъэпсэхум тепсэлъыхьащ хабзэхъумэр. 
- Абыхэм я Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр – я пэрщ. Мэр фIыуэ къащIихьэу зэрыщытын хуейм къищынэмыщIауэ, тыншу пхуэгъасэу, а гъэсэныгъэр псынщIэу зыхилъхьэфу щытыпхъэщ полицэм къыщыдгъэсэбэп хьэр. Ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэжыр кинологымрэ хьэмрэ я зэхущытыкIэрщ, - къыхигъэщащ Владимировым. 
ЦКС-м и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и майор Шорэ Амур еджакIуэхэм къахутепсэлъыхьащ хьэ къэс гъэсакIуэ хэха зэрыбгъэдэтым икIи а тIум я зэхущытымрэ зэныбжьэгъугъэмрэ апхуэдизу гъэщ1эгъуэн куэд хэлъщи, тхылъ псо зэрыпхутетхык1ынум е фильм зэрыпхутехынум.

А псори щ1эщыгъуэ зыщыхъуа ныбжьыщ1эхэм папщ1э, кинологхэм ягъэхьэзырат я лэжьыгъэм  и гъэлъэгъуэныгъэ: хьэхэм унафэхэр зэрагъэзащ1эм, лагъымхэр къызэрагъуэтым, афиян къызэрахутэм ирагъэплъащ. КъищынэмыщIауэ, хабзэхъумэхэм ягъэлъэгъуащ бзаджащIэхэр къызэраубыдымрэ, абы папщIэ хьэр дэIэпыкъуэгъуфI зэрыхъумрэ. 
ХьэщIэ ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжым зиIэтарэ саугъэтхэм щыгуфIыкIэу, я нэгу щIэкIа псом итхьэкъуарэ кинолог IэнатIэм хьэщыкъ хуэхъуауэ зэбгрыкIыжащ.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.12.2025 - 14:02

Сыжажэ Алихъан чемпионатым щытокIуэ

Мэзкуу къалэм киокусинкай-каратэмкIэ зэхьэзэхуэ зыбжанэ зэуэ щекIуэкIащ мы махуэхэм.

15.12.2025 - 14:01

Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ

Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и жэрдэмкIэ, я нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэм сурэт щIынымкIэ я зэпеуэ ирагъэкIуэкIащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэ

15.12.2025 - 10:01

Спортым щыхъыбархэр

КиокушинымкIэ зэпоуэ

12.12.2025 - 09:03

Карате лIэужьыгъуэщIэмкIэ зэпоуэ

«Кавказым и Кубокыр» зендокай каратемкIэ къэхьыным хуэунэтIа урсейпсо зэхьэзэхуэ япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ мы махуэхэм. Абы щызэпеуащ Урысей Ипщэм и спортсмен 200-м нэблагъэ.

11.12.2025 - 12:25

Жылагъуэм гулъытэшхуэ щызыгъуэта къыдэкIыгъуэ

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ (РИЦ) Псыхуабэ къызэрыщыщызэIуахрэ куэд щIакъым.